ПщІэуэ пІэрэ?
Япэ лІэщІыгъуэм синэгуэгур зэрыщытар: Галилей гуэлым километрипщІкІэ пэжыжьэу щыт Гамле япэ лІэщІыгъуэм щыІа синэгуэгу къыщагъуэтащ. А синэгуэгум щыщ Іыхьэхэр мы сурэтым щыболъагъу. Мы сурэтым ди нэгу къыщІегъэхьэ япэм щыгъуэ синэгуэгухэр зэрыщытагъэнкІэ хъунур.
Синэгуэгум сыт къежьапІэ хуэхъуар?
«СИНЭГУЭГУ» псалъэр алыджыбзэ псалъэм къытехъукІащ. Ар къызытехъукІа алыджыбзэ псалъэм «зэхуэс» е «зэгъусэу зэхуэсын» къикІыу аращ. А цІэр абы фІы дыдэу хуокІуэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ижь-ижьыж лъандэрэ журтхэм я общинэхэм хэт цІыхухэр синэгуэгум щызэхуэст щІэныгъэ зрагъэгъуэтын икІи Алыхьым хуэлэжьэн щхьэкІэ. ЖуртыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм синэгуэгум и гугъу ямыщІми, АлыджыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм ІупщІу къыхощ ди эрэм и япэ лІэщІыгъуэм ахэр зэрыщыІар.
ЩІэныгъэлІ куэдым зэрыжаІэмкІэ япэ синэгуэгухэр къыщежьар журтхэр Бабилэным гъэру щыщыІам щыгъуэщ. «Иудейскэ энциклопедием» мыпхуэдэу итщ: «Гъэру яшауэ хамэ щІыпІэм щыІэ журтхэм Алыхьым и Унэшхуэр яІэжтэкъым икІи ахэр гушхуэныгъэ хуэныкъуэт; иныкъуэхэм деж ахэр зэхуэсти, Тхыгъэм зэгъусэу еджэт, щэбэт махуэрауэ къыщІэкІынт апхуэдэу щащІэр». ГъэрыпІэм къикІыжа иужь, журтхэр адэкІи зэхуэсу щытауэ къыщІэкІынщ, зэгъусэу Алыхьым лъэІукІэ зыхуагъэзэн щхьэкІэ икІи Тхыгъэ ЛъапІэм еджэн щхьэкІэ. Журтхэр щыпсэу щІыпІэхэм дэнкІи синэгуэгухэр щаухуэт.
Ди эрэм и япэ лІэщІыгъуэм щыгъуэ Средиземноморьем, Ближний Востокым икІи езы Израилми журтхэм я общинэхэм синэгуэгухэр къагъэсэбэпт Алыхьым хуэлэжьэн щхьэкІэ е цІыхубэм я Іуэхухэр зэхагъэкІын щхьэкІэ. Еврейскэ университетым и профессор Ли Левин синэгуэгум теухуауэ жеІэ: «Абы къекІуалІэт щІэныгъэ зрагъэгъуэтыну, махуэшхуэхэм щыгъуэ ягъэхьэзыр шхыныгъуэхэр яшхыну, хьэкум щащІыну, абы нэмыщІ синэгуэгум общинэм и ахъшэхэр щахъумэт икІи политикэ Іуэхухэмрэ цІыхухэм упщІэ яІэхэмрэ щызэпкърахт». Профессорым пещэ: «Псом нэхърэ нэхъ мыхьэнэ зратыр, дауикІ, Алыхьым хуэлэжьэнырат». Абы къыдгурегъаІуэ Хьисэ щІэх-щІэхыурэ синэгуэгум кІуэуэ щІыщытар (Мк. 1:21; 6:2; Лк. 4:16). Абы синэгуэгум цІыхухэр щригъаджэт икІи щигъэгушхуэт. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм я зэхуэсхэр къэунэхуа иужь, апостол Паули куэдрэ синэгуэгум хъыбарыфІыр щигъэІуащ. Алыхьым нэхъ гъунэгъу хуэхъуну хуейхэр синэгуэгухэрат здэкІуэр. Абы къыхэкІкІэ Паул къалэ гуэрым щыкІуэм деж япэ дыдэу синэгуэгум щІыхьэт (Апост. 17:1, 2; 18:4).