Сноскэ
a Даут хуэдэу, дэри Иеговэ фІыуэ долъагъу икІи щытхъу къыхуэтхьыну дыхуейщ. Иеговэ худиІэ лъагъуныгъэр къэдгъэлъэгъуэну ди зэІущІэхэм ІэмалыфІ къыдат. Ауэ языныкъуэ ди къуэш, ди шыпхъухэм я дежкІэ гугъущ зэІущІэхэм жэуап щатыну: ахэр шынэм зэщІеубыдэ. Уэри жэуап птыну ушынэмэ, мы статьям къыбгуригъэІуэнущ ущІэшынэм и щхьэусыгъуэр икІи шынэм узэрытекІуэ хъунур.