Сноскэ
c Исаия 65:21—23: «ЦІыхухэм унэхэр яухуэнущ икІи абыхэм щыпсэунущ, жызум хадэхэри хасэнущ икІи абыхэм къыпыкІэхэри яшхынущ. Яухуэнукъым, нэгъуэщІхэр щыпсэун щхьэкІэ, хасэнукъым, нэгъуэщІхэм яшхын щхьэкІэ. Си лъэпкъым и махуэхэр жыгым и махуэхэм хуэдэнущ, икІи сэ къыхэсхахэм я ІэдакъэщІэкІыр куэдрэ къагъэсэбэпынущ. ПщІэншэу лэжьэнукъым икІи сабийхэр гуауэм къыхуалъхунукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр — Иеговэ и нэфІ зыщыхуа щІэблэщ, абыхэм я гъусэу я щІэблэри».