ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • ijwfq 34-нэ статьяр
  • Иеговэ и Щыхьэтхэм езыхэм я Библие яІэж?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Иеговэ и Щыхьэтхэм езыхэм я Библие яІэж?
  • Иеговэ и Щыхьэтхэм теухуауэ щІэх-щІэхыурэ ят упщІэхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ДунеищІэкІэ зэджэ Тхыгъэ ЛъапІэр сыт къыщІыдэдгъэкІар?
    Иеговэ и мурадыр хэт нобэ зыгъэзащІэр?
Иеговэ и Щыхьэтхэм теухуауэ щІэх-щІэхыурэ ят упщІэхэр
ijwfq 34-нэ статьяр
ЦІыхухъур Библием йоджэ

Иеговэ и Щыхьэтхэм езыхэм я Библие яІэж?

Иеговэ и Щыхьэтхэм Библиер щаджкІэ Библие зэмылІэужьыгъуэхэр къагъэсэбэп. Ауэ абыхэм псом хуэмыдэу «ДунеищІэкІэ еджэу зэдзэкІа Тхыгъэ ЛъапІэр» къагъэсэбэп (ар я бзэкІэ щыІэмэ), сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар пэжым техуэу, гурыІуэгъуэу щытщ икІи абы Алыхьым и цІэр итщ.

  • Алыхьым и цІэр къызэрагъэсэбэпыр. Библиер зэзыдзэкІхэм щыщу языныкъуэхэм пщІэ зыхуэфащэм пщІэ хуащІкъым. Псалъэм папщІэ, зы Библие гуэрым ар зэзыдзэкІа цІыху 70 щІигъум я цІэхэр итщ, ауэ а тхылъыр езыгъэтха Алыхь Иеговэ и цІэр зыщІыпІи иткъым!

    ДунеищІэкІэ зэджэ Библием Алыхьым и цІэр мин бжыгъэкІэ итщ — япэ дыдэу ятха Библием здыхэта едзыгъуэхэм деж, ауэ ар зэзыдзэкІа цІыхухэм я цІэхэр иткъым.

  • Пэжым тохуэ. ЗэдзэкІауэ щыІэ Библие куэдым итыр япэ дыдэу ятха Библием итым техуэкъым. Псалъэм папщІэ, Маттэ 7:13 едзыгъуэр зы Библие гуэрым мыпхуэдэу щызэрадзэкІащ: «Куэбжэ зэвымкІэ фыдыхьэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ жыхьэнмэм и куэбжэр бгъуфІэщ, абы кІуэ гъуэгури гъуэгу бгъуфІэщ». Ауэ япэ дыдэу ятха Библием мы едзыгъуэм къыщагъэсэбэпар «жыхьэнмэ» псалъэракъым, атІэ «кІуэдыпІэ» жыхуиІэ псалъэращ. А Библиер зэзыдзэкІа цІыхухэм а псалъэр къыщІагъэсэбэпар цІыху Іейхэр жыхьэнмэ мафІэм ису я фІэщ хъууэ зэрыщытарауэ къыщІэкІынщ. Ауэ ар Библием итым техуэкъым. ДунеищІэкІэ зэджэ Библием а едзыгъуэр пэжу зэрадзэкІащ: «Куэбжэ зэвымкІэ фыдыхьэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ куэбжэ бгъуфІэмрэ гъуэгу хуитымрэ узыхуашэр кІуэдыпІэращ».

  • ГурыІуэгъуафІэу тхащ. Библиер щызэрадзэкІкІэ, ар пэжым техуэ закъуэу щымыту, зэхэщІыкІыгъуэу, гурыІуэгъуафІэу щытын хуейщ. Щапхъэ къэтхынщ. Рим 12:11 Паул къыщигъэсэбэпа псалъэхэм къикІыр «къэкъуэлъэн» жиІэу аращ. А псалъэхэр ди зэманым щыІэ цІыхухэм къагурымыІуэнкІэ хъунущи, ДунеищІэкІэ зэджэ Библием ар нэхъ гурыІуэгъуэу щызэрадзэкІащ: «Жыджэрагъышхуэ зыхэвгъэлъ».

Алыхьым и цІэр иту, пэжым техуэу, гурыІуэгъуэу ДунеищІэкІэ зэджэ Библиер зэрыщытым нэмыщІ, ар иджыри адрей Библиехэм зы ІуэхугъуэкІэ къащхьэщокІ: ар пщІэншэу къыпІэрыхьэфынущ. Абы и фІыгъэкІэ цІыху мелуан куэдыр я бзэмкІэ Библием еджэфынущ, ар къащэхуну Іэмал зимыІэхэри абыхэм яхэту.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын