49 СТАТЬЯР
44 УЭРЭДЫР Зи гур къутам и тхьэлъэІур
Иов тхылъым чэнджэщ зэрытт хъуным дыхуегъасэ
«КъызэдаІуэ, Іэиуб» (ИОВ 33:1).
ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ
Зыгуэрым и щыуагъэр едгъэлъэгъужын е гупсэхугъуэ еттын щыхуейм деж, Иов тхылъыр дапхуэдэу къыддэІэпыкъуфынуми.
1, 2. Іэиуб и ныбжьэгъуищымрэ Елиуйрэ сытыт ящІэн хуейр икІи сытыт ар щІэмытыншыр?
КЪУЭКІЫПІЭ лъэныкъуэмкІэ щыпсэу цІыхухэм Іэиуб къыщыщІар занщІэу зэхахащ. Абы мылъкуу бгъэдэлъар псори зэуэ фІэкІуэдат. Іэиуб къыщыщІар щызэхахам, и ныбжьэгъу Элифаз, Билдад, Цофар сымэ Уц щІыналъэм кІуащ, абы гупсэхугъуэ иратын щхьэкІэ. Абыхэм ялъэгъуам ахэр къигъэуІэбжьащ.
2 Іэиуб мэлхэри, гуухэри, махъшэхэри, шыдхэри куэду иІэт, ауэ ахэр псори фІэкІуэдащ. Абы и унэІутхэм и нэхъыбэр яукІащ, и бынхэри унэр къауэри, щІипІытІащ. Ауэ гугъуехьхэр абдеж щиухакъым. Зэман гуэр дэкІауэ, абы узыфэ хьэлъэ къеуалІэри, и щІыфэр зэрыщыту шыным зэщІищтащ. Уц щІыналъэм къыщыкІуам и ныбжьэгъуищым къалъэгъуащ Іэиуб сахуэм зэрыхэсыр икІи хуабжьу и лъэр зэрыщІэхуар. Дапхуэдэу ар абыхэм къазэрыщыхъуар? Абыхэм зы псалъэ жамыІэу, Іэиуб гугъу зэрехьым тхьэмахуэкІэ еплъу щысащ (Иов 2:12, 13). Зы зэман гуэрым Елиуй зи цІэ щІалэр къакІуэри, я гъусэу тІысащ. ИкІэм-икІэжым Іэиуб къэпсалъэри, къыщалъхуа махуэм ебгыу щІидзащ (Иов 3:1—3, 11). Іэиуб дэІэпыкъуэгъу зэрыхуэныкъуэр гурыІуэгъуэт. Элифаз, Билдад, Цофар, Елиуй сымэ Іэмал яІэт Іэиуб щІэгъэкъуэн хуэхъуну икІи ифІ къызэралъыхъуэр къагъэлъэгъуэну. Сыт-тІэ абыхэм ящІар?
3. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?
3 Иеговэ Мусэ унафэ хуищІащ Іэиуб и ныбжьэгъуищымрэ Елиуйрэ жаІам икІи ящІам теухуауэ итхыжыну. Элифаз жиІа языныкъуэ псалъэхэр къызыбгъэдэкІар жин бзаджэрауэ къыщІэкІынущ. Ауэ Елиуй жиІар къызыбгъэдэкІар Иеговэщ (Иов 4:12—16; 33:24, 25). Аращи, гъэщІэгъуэнкъым Иов тхылъым чэнджэщыфІхэри чэнджэщ Іейхэри щІитыр. АдэкІэ зэпкърытхынщ ди ныбжьэгъум и щыуагъэр едгъэлъэгъужын щыхуейм деж, Иов тхылъыр дапхуэдэу къыддэІэпыкъуфынуми. ЯпэщІыкІэ Іэиуб и ныбжьэгъуищым я щапхъэ Іейм гу лъыттэнщ, иужькІэ Елиуй и щапхъэфІым дыхэплъэнщ. Абы нэмыщІ дэ къэтщІэнущ Иов тхылъыр пасэм псэуа Алыхьым и лэжьакІуэхэм сыткІэ къадэІэпыкъуами икІи дэри дапхуэдэу сэбэп къытхуэхъунуми.
ІЭИУБ И НЫБЖЬЭГЪУИЩЫМ Я ЩАПХЪЭ ІЕЙР
4. Іэиуб гупсэхугъуэ иратыну и ныбжьэгъуищым щІахузэфІэмыкІар сыт? (Сурэтми феплъ.)
4 Элифаз, Билдад, Цофар сымэ Іэиуб къыщыщІар щызэхахам, и гузэвэгъуэр даІыгъыну кІуащ (Иов 2:11). Ауэ ар абыхэм яхузэфІэкІакъым. Сыт щхьэкІэ? Абы щхьэусыгъуищ нэхъ мыхъуми иІэщ. Япэрауэ, Іуэхур зытетыр зэхамыгъэкІыу, ахэр гупсысэ пхэнжхэм къыхуэкІуащ. Псалъэм папщІэ, абыхэм я гугъащ Іэиуб зыпэщІэхуа гугъуехьхэр и гуэныхьхэм щхьэкІэ къытехуа тезыру (Иов 4:7; 11:14)a. ЕтІуанэрауэ, ахэр дахэу псалъэми, абыхэм жаІэм мыхьэнэ лъэпкъ иІэтэкъым (Иов 13:12). Абы нэмыщІ абыхэм гум еуэ псалъэ Іейхэри жаІэт. Псалъэм папщІэ, Билдад тІэунейрэ Іэиуб ехъурджэуащ, куэдыІуэ къипсэлъу жиІэу (Иов 8:2; 18:2). Цофари Іэиуб акъылыншэу щыту къриІуэкІт (Иов 11:12). Ещанэрауэ, абыхэм я макъыр драмышеями, езыхэм нэхъыфІу зыкъалъытэжу, ауан хэлъу Іэиуб епсалъэт. А псом къегъэлъагъуэ, абыхэм Іэиуб фІыуэ ямылъагъуу, пщІэи хуамыщІу зэрыщытар (Иов 15:7—11). ИкІэм-икІэжым ахэр нэхъыбэу зыхущІэкъуар Іэиуб зэрагъэгушхуэныратэкъым, атІэ зэрагъэкъуэншэнырат.
Зыгуэрым чэнджэщ щептым деж, абы нэхърэ уэ зыгуэркІэ унэхъыфІу зыкъэплъытэжу уемыпсалъэ (4 абзацым феплъ.)
5. Элифаз, Билдад, Цофар сымэ жаІам сыт кърикІуар?
5 Элифаз, Билдад, Цофар сымэ Іэиуб дэІэпыкъун дэнэ къэна, и Іуэхур нэхъ Іей хуащІащ (Иов 19:2). ДауикІ, гурыІуэгъуэщ Іэиуб и щхьэм къыщІыщхьэщыжар. Ауэ зэрызахуэр и ныбжьэгъухэм къагуригъэІуэну щыхэтам абы иригъэлейри, жимыІыпхъэ жиІащ (Иов 6:3, 26). Іэиуб и ныбжьэгъухэм жаІар Иеговэ и еплъыкІэм техуэтэкъым икІи абыхэм я псалъэхэм гущІэгъу лъэпкъи къыхэщтэкъым. Езыхэм къагурымыІуэжу, ахэр ШейтІаным и Іэмэпсымэ хъуащ (Иов 2:4, 6). Мы хъыбарыр пасэм псэуа Алыхьым и лэжьакІуэхэм сыткІэ къадэІэпыкъуа икІи дэ нобэ абы сытым дыхуигъасэрэ?
6. Іэиуб и ныбжьэгъуищым я щапхъэ Іейм Израилым и нэхъыжьхэм сыт хуэдэ дерс хахыфынут?
6 Іэиуб и хъыбарым пасэм псэуа Иеговэ и лэжьакІуэхэр сытым хуигъэсэфынут? Иеговэ израил лъэпкъым хабзэ щритам, а хабзэм тету хьэкум зыщІын хуей цІыхухъухэр къыхихащ (Втор. 1:15—18; 27:1). А цІыхухъухэм хьэкум ящІын е чэнджэщ ятын ипэ, цІыхум жиІэм фІыуэ едэІуэн хуейт (2 Лет. 19:6). Иеговэ абыхэм яхуигъэувт Іуэхур зытетыр икІэм нэсу зэхагъэкІыну. Псалъэм папщІэ, псори къагурыІуауэ ямыгугъэу, абыхэм упщІэхэр ятын хуейт (Втор. 19:18). ДэІэпыкъуэгъу хуэныкъуэу зыкъыхуэзыгъазэхэм ахэр пхъашэу яхущыт хъунутэкъым. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ нэхъыжьхэр цІыхум апхуэдэу хущытмэ, абы и Іуэхум теухуауэ жиІэну къегугъуэкІынут (Исх. 22:22—24). Пэж дыдэу, Израилым и нэхъыжьхэм Іэиуб и хъыбарым дерс куэд хахыфынут.
7. Іэиуб и хъыбарым израил цІыхухэр сытым хуигъэсэфынут? (Притчи 27:9).
7 Израилым и нэхъыжьхэм я закъуэтэкъым чэнджэщ зытыфынур. Лъэпкъым щыщ дэтхэнэ зыри и ныбжьэгъум дэІэпыкъуфынут Алыхьым нэхъ гъунэгъу хуэхъуну е и щытыкІэм зэхъуэкІыныгъэ хилъхьэну (Пс. 141:5). ДауикІ, гум къыбгъэдэкІыу чэнджэщыфІ зытыфынур ныбжьэгъу пэжыращ. (Къеджэ Притчи 27:9, Гъэсэпэтхыдэхэр.) Іэиуб и ныбжьэгъуищым я щапхъэ Іейм щегупсыскІэ израил цІыхухэм къагурыІуэфынут нэгъуэщІхэм дэІэпыкъуну щыхэтым деж, сыт жаІэн икІи ящІэн хуэмейми.
8. Гугъуехь пэщІэхуа къуэш, шыпхъухэм дащыдэІэпыкъум деж сыт зыщыдгъэгъупщэн хуэмейр? (Сурэтхэми феплъ.)
8 Іэиуб теухуа хъыбарыр дэ нобэ дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур? Гугъуехь пэщІэхуэ къуэш, шыпхъухэм дадэІэпыкъуну дэ дыхущІокъу. Ауэ Іэиуб и ныбжьэгъуищым ящІа щыуагъэхэм хуэдэ тщІэну дыхуейкъым. Япэрауэ, гупсысэ гуэрым дыкъыхуэкІуэн щхьэкІэ, Іуэхур нэгъэсауэ зэхэдгъэкІын хуейщ. ЕтІуанэрауэ, Элифаз ещхьу ди чэнджэщыр зытегъэщІауэ щытын хуейр ди щІэныгъэракъым, атІэ Алыхьым и Псалъэращ (Иов 4:8; 5:3, 27). Ещанэрауэ, цІыхум пхъашэу икІи дгъэкъуаншэу депсэлъэн хуейкъым. ДауикІ, Элифази адрей Іэиуб и ныбжьэгъухэми жаІам пэж гуэр хэлът, уеблэмэ, апостол Паули Элифаз жиІа псалъэхэр къигъэсэбэпауэ щытащ. (Иов 5:13 итыр 1 Коринф 3:19 итым евгъапщэ.) Ауэ, дапхуэдэу мыхъуами, Іэиуб и ныбжьэгъуищым Алыхьым теухуауэ жаІам и нэхъыбэр пэжтэкъым икІи абы Іэиуб и гур хигъэщІт. Иегови жиІащ абыхэм пцІы зэраупсар (Иов 42:7, 8). Аращи, зыгуэрым чэнджэщ щеттым деж ди псалъэхэмкІэ ар едгъэгупсысын хуейкъым Иеговэ Алыхь гущІэгъуншэу икІи абы и лъагъуныгъэр къыпхуэмылэжьыну. АдэкІэ Елиуй и щапхъэфІым сытым дыхуигъасэми дыхэплъэнщ.
ДэІэпыкъуэгъу хуэныкъуэ цІыхум ущепсалъэкІэ: 1) абы жиІэм фІыуэ едаІуэ, и Іуэхур зытетыр икІэм нэсу къыбгурыІуэн щхьэкІэ; 2) Библиер къэгъэсэбэп; 3) гуапагъэ гъэлъагъуэ (8 абзацым феплъ.)
ЕЛИУЙ ИГЪЭЛЪЭГЪУА ЩАПХЪЭФІЫР
9. Іэиуб и ныбжьэгъуищым псэлъэн яуха иужьи, ар дэІэпыкъуэгъу щІыхуэныкъуэр сытыт икІи Иеговэ дапхуэдэу абы зэрыдэІэпыкъуар?
9 Іэиубрэ и ныбжьэгъуищымрэ апхуэдизкІэ куэдрэ зэдэуати, Библием ит псалъащхьэу 28 къапсэлъащ. И нэхъыбэм ахэр Іэиуб зэрыхуэмыарэзыр икІи зэрыхуэгубжьыр къагъэлъэгъуауэ аращ. ГъэщІэгъуэнкъым, Іэиуб и Іуэхур зыкІи нэхъыфІ зэрымыхъуар. Ар иджыри гупсэхугъуэрэ чэнджэщыфІрэ хуэныкъуэт. Арати, Иеговэ Елиуй къигъэсэбэпри, абы дэІэпыкъуащ. Ауэ Елиуй нэхъ пасэу сыт а Іуэхум щІыхэмыІэбар? Абы жеІэ: «Сэ сыщІалэщ, фэ ныбжь фиІэщ. Абы къыхэкІкІэ, пщІэ фхуэсщІти, сэ зыри жысІакъым» (Иов 32:6, 7). Елиуй къыгурыІуэт и нэхъыбэм ныбжь зиІэхэм илъэс куэд къызэрагъэщІам икІи щІэныгъэ нэхъыбэ зэраІэм къыхэкІкІэ, ахэр нэхъ Іущу зэрыщытыр. Аращ абы шыІэныгъэ хэлъу Іэиубрэ абы и ныбжьэгъухэмрэ жаІэм щІедэІуар. Ауэ абыхэм псэлъэн щаухам, Елиуй хуэмышэчыжу жиІащ: «Ныбжьым езыр-езыру Іущ уищІкъым, икІи жьы хъуахэм я закъуэкъым сытыр пэжми къызыгурыІуэр» (Иов 32:9). АдэкІэ Елиуй сыт жиІар икІи дапхуэдэу ар зэрыжиІар?
10. Елиуй сыт ищІар Іэиуб зэрымызахуэр жриІэн ипэ? (Иов 33:6, 7).
10 Елиуй Іэиуб зэрымызахуэр жриІэн ипэ, абы ифІ зэрызрихуэр икІи дэІэпыкъуну зэрыхуейр къыгуригъэІуащ. Дапхуэдэу? ЯпэщІыкІэ ар губжьами, и губжьыр ирикъухри, Іэиуб гуапэу епсэлъащ (Иов 32:2—5). Псалъэм папщІэ, Елиуй жиІащ: «Алыхь пэжым и пащхьэ уэри сэри дызэхуэдэщ». (Къеджэ Иов 33:6, 7.) Абы нэмыщІ Елиуй Іэиуб жиІам фІыуэ зэредэІуар къигъэлъэгъуащ, абы жиІа гупсысэ нэхъыщхьэхэр зэрыжиІэжамкІэ (Иов 32:11; 33:8—11). Елиуй Іэиуб жиІа псалъэхэр къигъэсэбэпри, зэрымызахуэр къыгуригъэІуэжащ (Иов 34:5, 6, 9; 35:1—4).
11. Елиуй Іэиуб дапхуэдэу чэнджэщ зэрыритар? (Иов 33:1).
11 Елиуй Алыхьым хуэпэж Іэиуб чэнджэщ щритым, абы и пщІэр ириудыхакъым. Псалъэм папщІэ, абы Іэиуб и цІэмкІэ зыхуигъазэт. Ауэ Элифаз, Билдад, Цофар сымэ апхуэдэу ящІауэ къыщІэкІынукъым. (Къеджэ Иов 33:1.) Елиуй ищІэжу къыщІэкІынт Іэиубрэ и ныбжьэгъуищымрэ щызэдауэм щыгъуэ яхэпсэлъыхьыну зэрыхуеяр. Абы къыхэкІкІэ, Іэиуб и щхьэм ирилъытри, и гум илъыр жиІэну Іэмал иритащ (Иов 32:4; 33:32). Абы нэмыщІ Елиуй Іэиуб къыгуригъэІуащ абы жиІа языныкъуэ псалъэхэр зэрымытэмэмыр. Иджыри абы щабэу игу къигъэкІыжащ Иеговэ Іущу, къарууфІэу, захуащІэу зэрыщытыр икІи и лэжьакІуэ пэжхэр фІыуэ зэрилъагъур (Иов 36:18, 21—26; 37:13, 23, 24). Елиуй жиІа псалъэхэр Іэиуб къыдэІэпыкъуащ иужькІэ Иеговэ къыжриІэнум и гур хуигъэхьэзырыну (Иов 38:1—3). Елиуй и щапхъэр пасэм псэуа Алыхьым и лэжьакІуэхэм сыткІэ къадэІэпыкъуа икІи дэ нобэ абы сытым дыхуигъасэрэ?
12. 1) Иеговэ бегъымбархэр къигъэсэбэпурэ и лъэпкъым дапхуэдэу зэрыдэІэпыкъуу щытар? 2) Елиуй и щапхъэм Алыхьым и лэжьакІуэхэр сытым хуигъэсэфынут?
12 Пасэм псэуа Алыхьым и лэжьакІуэхэр Елиуй и щапхъэм сытым хуигъэсэфынут? Алыхьым щІэх-щІэхыурэ бегъымбархэр къигъэсэбэпт и лэжьакІуэхэм чэнджэщ яритын икІи игъэсэн щхьэкІэ. Псалъэм папщІэ, хеящІэхэр щытета зэманым Иеговэ бегъымбар цІыхубз Девори, ныбжьыщІэу щыт Самуели къигъэсэбэпащ и лъэпкъыр иунэтІын икІи чэнджэщхэр иритын щхьэкІэ (Суд. 4:4—7; 5:7; 1 Сам. 3:19, 20). Пащтыхьхэр щытета зэманми Иеговэ бегъымбархэр къигъэсэбэпт и лъэпкъыр пэжу къыхуэлэжьэну, гъуэгу пэжым текІахэми къагъэзэжыну дэІэпыкъун щхьэкІэ (2 Сам. 12:1—4; Апост. 3:24). Елиуй и щапхъэр Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм къадэІэпыкъуфынут, абыхэм чэнджэщ щаткІэ сыт жаІэнуми икІи дапхуэдэу жаІэнуми къагурыІуэн щхьэкІэ.
13. Елиуй и щапхъэр дапхуэдэу дэ къызэрыддэІэпыкъур?
13 Елиуй и щапхъэр дапхуэдэу нобэ къызэрыддэІэпыкъур? Елиуй и щапхъэр пасэ зэманым псэуа бегъымбархэм я закъуэкъым сэбэп зыхуэхъур, атІэ нобэ дэри къытхуохъу. Бегъымбархэм хуэдэу дэри Алыхьым и мурадыр цІыхухэм яжыдоІэ икІи Библием итымкІэ дадогуашэ. Абы нэмыщІ ди къуэш, ди шыпхъухэми я фІэщхъуныгъэр догъэбыдэ икІи догъэгушхуэ (1 Кор. 14:3). Псом хуэмыдэу, зэхуэсым и нэхъыжьхэм Елиуй щапхъэ трахын хуейщ. Ахэр щабэу, гуапэу щытын хуейщ, цІыхум и лъэр зэрыщІэхуам къыхэкІкІэ, зэмыгупсыса псалъэхэр щыжиІэм дежи (Иов 6:3; 1 Фес. 5:14).
14, 15. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм Елиуй дапхуэдэу щапхъэ трах зэрыхъунур?
14 Зы Іуэхугъуэ ди нэгу къыщІэдгъэхьэнщ. Зэхуэсым и нэхъыжьым гу лъетэ ди шыпхъур зыгуэрым зэригъэнэщхъейм. Абы зы къуэш къыздещтэри, шыпхъур ягъэгушхуэн щхьэкІэ и деж макІуэ. А шыпхъум жеІэ хъыбарыфІыр зэригъэІур, зэІущІэхэми зэрыкІуэр, ауэ япэм гуфІэгъуэ иІам хуэдэ зэримыІэжыр. Сыт адэкІэ къуэшхэм ящІэнур?
15 ЯпэщІыкІэ шыпхъум гуфІэгъуэр щІыфІэкІуэдам и щхьэусыгъуэр абыхэм зыхагъэкІыну къыщІэкІынщ. Абы щхьэкІэ къуэшхэм шыІэныгъэ яхэлъу шыпхъум жиІэм фІыуэ едэІуэн хуейщ. Шыпхъум и гугъэу пІэрэ Алыхьым фІыуэ къилъэгъуну хуэмыфащэу? Е и щхьэр зыхуей зэрыхуигъэзэжыным иримыгузавэІуэу пІэрэ? (Лк 21:34). Къуэшхэр а шыпхъум щытхъунущ и гугъуехьхэм емылъытауэ, ар зэІущІэхэм зэрыкІуэм икІи хъыбарыфІри зэригъэІум щхьэкІэ. Ауэ къуэшхэм Іуэхур зытетыр зэхагъэкІа иужь, абыхэм Библиер къагъэсэбэпу, Иеговэ фІыуэ зэрилъагъум шэч къытримыхьэну шыпхъум дэІэпыкъунущ (Гал. 2:20).
ИОВ ТХЫЛЪЫР АДЭКІИ СЭБЭП КЪЫФХУРЕХЪУ
16. АдэкІи Иов тхылъым сэбэпынагъ къытхуихьын щхьэкІэ сыт тщІэ хъунур?
16 Иов тхылъым сыту гупсысэфІ куэд ит! Мыбы ипэ дджа статьям дэ къыщытщІащ Алыхьым гугъуехьхэр щІыщигъэІэм и щхьэусыгъуэмрэ теубыдагъэ тхэлъу ахэр зэрытшэчынымрэ. Мы статьями дыщытепсэлъыхьащ Іэиуб и ныбжьэгъуищым щапхъэ тедмыхыу, Елиуй ещхьу нэгъуэщІхэр дапхуэдэу дгъэгушхуэ икІи чэнджэщ етт хъунуми. Аращи, зыгуэр бгъэгушхуэн е чэнджэщ ептын хуеймэ, Иов тхылъым ит щапхъэхэр къэгъэсэбэп. А тхылъым уэ куэд щІауэ уемыджамэ, мурад зыхуэбгъэувыж хъунущ абы иджыри къытебгъэзэжу уеджэну. Шэч хэмылъу сэбэпынагъ къыпхуэзыхьын гупсысэ куэд уэ абы иджыри къыщыбгъуэтыфынущ.
125 УЭРЭДЫР «Гъуэгу махуэ теуващ гущІэгъу зиІэхэр»
a Жин бзаджэм Элифаз и фІэщ ищІауэ къыщІэкІынущ Иеговэ зэи арэзы пхуэмыщІыну икІи пэжагъ зиІэ цІыху зыри щымыІэу абы къилъытэу. ИкІи а гупсысэр Элифаз апхуэдизкІэ зэран хуэхъуати, псэлъэху ар къыхигъэщт (Иов 4:17, 18; 15:15, 16; 22:2).