36 СТАТЬЯР
Иеговэ и лэжьакІуэхэм пэжагъыр фІыуэ ялъагъу
«Гъуэгу махуэ теуващ щыпкъагъэм хуэзэшхэр» (МТ. 5:6).
9-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ — ди Пащтыхьщ!
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Сыт хуэдэ гъэунэхуапІэ Исуф зыпэщІэхуар икІи дауэ ар абы пэщІэта?
ЕКЪУБ и къуэ Исуф гъэунэхуапІэшхуэм пэщІэхуауэ щытащ. Абы и зиусхьэн Потифар и щхьэгъусэм «къэгъуэлъ си гъусэу» къыжриІат. Исуф абы ар хуидакъым. «Исуф а гъэунэхуапІэм дауэ пэщІэтыфа?» жиІэу ди зэманым зыгуэр егупсысыфынущ. Потифар унэм щІэстэкъым, Исуфи къызэрыгуэкІ пщылІу арат. Зыхуейр къыхуимыщІэмэ, а цІыхубзым Исуф и гъащІэр егъэлеяуэ гугъу ищІыфынут. Ауэ абы щхьэкІэ къэмынэу, а цІыхубзыр зыхуейр Исуф ищІэн идэтэкъым. Сыт щхьэкІэ? Абы жиІащ: «Дауэ злэжьын а Іеягъэ ин дыдэр, дауэ гуэныхьи къыщысхьын Тхьэм и пащхьэ?» (ЩІэдз. 39:7—12).
2. Алыхьым зинэ щІэныр гуэныхьу къилъытэу дэнэт Исуф щищІэр?
2 Алыхьым зинэ щІэныр «Іеягъэ ин дыдэу» къилъытэу дэнэт Исуф щищІэр? Мусэ и Хабзэм гурыІуэгъуэу щыжыІауэ щытащ: «Зинэ умыщІэ» (Исх. 20:14). Ауэ а Хабзэр Алыхьым и лъэпкъым иритыным иджыри илъэс 200 иІэт. Абы емылъытауэ, Исуф Иеговэ фІыуэ ицІыхут икІи ар зинэ щІэным дапхуэдэу хущытми къыгурыІуэт. Псалъэм папщІэ, Исуф ищІэт Иеговэ нэчыхьыр зы цІыхухъумрэ зы цІыхубзымрэ я зэхуаку зэрыдилъхьар. Иджыри Исуф щыгъуазэт, и адэшхуэм и анэ Сарэ и пщІэр хъума хъун щхьэкІэ, Иеговэ абы тІэунейрэ къызэрыщхьэщыжауэ щытар. Исхьэкъ и щхьэгъусэ Ребекки апхуэдэ Іуэхугъуэ дыдэ щыпэщІэхуам щыгъуэ, Иеговэ ар къихъумащ (ЩІэдз. 2:24; 12:14—20; 20:2—7; 26:6—11). А Іуэхугъуэхэм зэрегупсысым и фІыгъэкІэ Іеймрэ фІымрэ теухуауэ Алыхьым и еплъыкІэр Исуф къыгурыІуэт. Абы Алыхьыр фІыуэ зэрилъагъум къыхэкІкІэ и хабзэ къабзэхэри фІыуэ илъагъут икІи абыхэм быдэу тетт.
3. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?
3 Шэч хэмылъу, уэ пэжагъыр фІыуэ болъагъу. Ауэ гуэныхьлыуэ дызэрыщытым къыхэкІкІэ, дымысакъыу щытмэ, мы дунейм Іеймрэ фІымрэ теухуауэ иІэ еплъыкІэр къытхипщэнущ (Ис. 5:20; Рим 12:2). Апхуэдэу къэмыхъун щхьэкІэ, пэжагъыр зищІысымрэ ар фІыуэ тлъагъун щІыхуеймрэ зэпкърытхынщ. Абы нэмыщІ, Иеговэ и хабзэхэм худиІэ лъагъуныгъэм хэдгъэхъуэн щхьэкІэ, сыт хуэдэ лъэбакъуищ тчын хуейми дытепсэлъыхьынщ.
ПЭЖАГЪЫР ЗИЩІЫСЫР СЫТ?
4. Пэжагъым тет цІыхур куэдым я нэгу къызэрыщІагъэхьэр дапхуэдэу?
4 Пэжагъым тетыну хущІэкъу цІыхум щегупсысым деж, куэдым я нэгу къыщІагъэхьэр псоми хуэпсалъэ икІи нэгъуэщІхэм нэхърэ нэхъыфІу зыкъэзылъытэж цІыху пагэращ. Ауэ Алыхьым апхуэдэ хьэл-щэнхэр игу ирихькъым. Хьисэ дунейм щытетам щыгъуэ, дин пашэхэр игъэкъуаншэт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм пэжагъым теухуауэ Алыхьым и еплъыкІэм нэхърэ езыхэм я еплъыкІэр япэ ирагъэщт (Эккл. 7:16; Лк. 16:15). Аращи, пэжагъым теухуауэ Иеговэ и еплъыкІэ зиІэ цІыхум нэгъуэщІхэм нэхърэ нэхъыфІу зэи зыкъилъытэжкъым.
5. Библием зэритымкІэ, пэжагъыр зищІысыр сыт? Щапхъэ къэфхь.
5 Пэжагъыр икъукІэ хьэл-щэн дахэщ. КІэщІу жыпІэмэ, пэжагъым утетыныр — ар Иеговэ пэжу къилъытэм утетыныращ. «Пэжагъ» жаІэу зэрадзэкІа Библием ит псалъэхэм къокІ цІыхур Алыхьым и хабзэ къабзэхэм тету зэрыпсэур. Псалъэм папщІэ, Иеговэ унафэ ищІат сатуущІэхэм «гырэ... пэжхэр» къагъэсэбэпын зэрыхуейр (Втор. 25:15). Аращи, Алыхьым и пащхьэм цІыху пэжу щытыну хуей дэтхэнэ зыми лэжьапІэми нэгъуэщІ Іуэху гуэр щилэжькІи пэжагъ игъэлъэгъуэн хуейщ. ЦІыху пэжым захуагъэри фІыуэ елъагъу, абы къыхэкІкІэ зыгуэрым лей къыщытрагъэхьэм деж, абы ар илъагъу хъукъым. Пэжагъым тет цІыхур Иеговэ «и гум сыт и лъэныкъуэкІи ирихьыну» хуейщ (Кол. 1:10). Аращи, абы унафэ гуэр къищтэн ипэ, Иеговэ а Іуэхум зэреплъым йогупсыс.
6. Іеймрэ фІымрэ теухуауэ Иеговэ игъэува хабзэхэм дытетыным мыхьэнэ щІиІэр сыт? (Исайя 55:8, 9).
6 Пэжагъыр къызыбгъэдэкІыр Иеговэщ. Аращ Алыхьыр пэжагъым и псэупІэу Библием щІыжиІэр (Иер. 50:7). Псори къызэригъэщІам къыхэкІкІэ абы фІэкІа зыми хуитыныгъэ иІэкъым Іеймрэ фІымрэ теухуауэ унафэ ищІыну. Иеговэ гуэныхь лъэпкъ зэрыхэмылъым къыхэкІкІэ Іеймрэ фІымрэ теухуауэ абы и еплъыкІэр гуэныхь зыхэлъ цІыхухэм яІэ еплъыкІэм куэдкІэ къыщхьэщокІ (Прит. 14:12; къеджэ Исайя 55:8, 9). Ауэ, абы емылъытауэ, Алыхьым и хьэл-щэнхэр къызэрытхилъхьам къыхэкІкІэ абы и хабзэ къабзэхэм дытету дыпсэуну тхузэфІэкІынущ (ЩІэдз. 1:27). ИкІи дэ апхуэдэ гъащІэр дигу ирохь! Уафэм щыІэ ди Адэм худиІэ лъагъуныгъэм дыхуегъэуш абы щапхъэ тетхыну (Еф. 5:1).
7. Хабзэ пыухыкІахэм дыщІыхуэныкъуэр сыт? Щапхъэ къэфхь.
7 Іеймрэ фІымрэ теухуауэ Иеговэ игъэува хабзэхэм дызэрытетым дэ фІыгъуэ куэд къытхуехь. Сыт апхуэдэу жыпІэ щІэхъунур? Щапхъэ къэтхьынщ: зы къэралым щыщ дэтхэнэ зы къалэми зы къуажэми гъуэгум щызэрызекІуэн хуейм теухуауэ езыхэм хабзэхэр ягъэувыжу щытамэ, къэхъунур фи нэгу къыщІэвгъэхьэт. Е дохутырхэр сымаджэм зэрыдэІэпыкъун хуейм теухуа хабзэхэр зэтемыхуэу щытамэ, сытыт абы къыпэкІуэнур? Абы щыгъуэ цІыху куэдым я гъащІэр яфІэкІуэдынут. Зэрытлъагъущи, хабзэ пыухыкІахэм ди гъащІэр къахъумэ. Апхуэдэ дыдэу Іеймрэ фІымрэ теухуауэ Иеговэ игъэува хабзэхэми дыкъахъумэ.
8. Пэжагъыр фІыуэ зылъагъухэм сыт хуэдэ фІыгъуэхэр къапэщылъ?
8 Иеговэ и хабзэхэм тету псэуну хущІэкъухэм абы и нэфІ ящохуэ. Иеговэ жеІэ: «ЦІыху пэжхэм мы щІыр щІэину къахуэнэнущ икІи игъащІэ псокІи абы щыпсэунущ» (Пс. 37:29). ЦІыху псори Алыхьым и хабзэхэм тету щыпсэуну зэманым щІылъэм сыт хуэдэ зэкъуэтыныгъэ, мамырыгъэ икІи насып щыІэнуми фегупсысыт! Иеговэ хуейщ апхуэдэ гъащІэ дахэ диІэну. ДауикІ, дэ псоми пэжагъыр фІыуэ щІэтлъагъун щхьэусыгъуэхэр диІэщ. А хьэл-щэным худиІэ лъагъуныгъэм хэдгъэхъуэну сыт къыддэІэпыкъунур? Абы теухуауэ лъэбакъуищ зэпкърытхынщ.
ИЕГОВЭ И ХАБЗЭХЭМ ХУВИІЭ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ХЭВГЪАХЪУЭ
9. Пэжагъыр фІыуэ тлъагъуну сыт къыддэІэпыкъунур?
9 Япэ лъэбакъуэр. Іеймрэ фІымрэ теухуа хабзэхэр зыгъэувар фІыуэ флъагъу. Пэжагъыр фІыуэ тлъагъун щхьэкІэ, Іеймрэ фІымрэ теухуа хабзэхэр къызыбгъэдэкІри фІыуэ тлъагъун хуейщ. Иеговэ худиІэ лъагъуныгъэр нэхъ ин хъуху, абы и хабзэхэм дытетыну диІэ гукъыдэжми хэхъуэнущ. Іэдэмрэ Хьэуарэ Иеговэ фІыуэ ялъагъуу щытамэ, абы и жыІэм зэи щІэкІынутэкъым (ЩІэдз. 3:1—6, 16—19).
10. Сыт Ибрэхьим къыдэІэпыкъуар Иеговэ и гупсысэкІэр нэхъыфІу къыгурыІуэну?
10 Іэдэмрэ Хьэуарэ я щыуагъэм хуэдэ дымыщІэну сыт къыддэІэпыкъунур? Дэ адэкІи дыхущІэкъун хуейщ Иеговэ нэхъыфІу къэтцІыхуну, абы и хьэл-щэнхэр лъапІэу тлъытэну икІи и гупсысэкІэр къыдгурыІуэну. Абы щыгъуэ Алыхьым худиІэ лъагъуныгъэм Іэмал имыІэу хэхъуэнущ. Ибрэхьим и щапхъэр зэпкърытхынщ. Абы гурэ псэкІэ Иеговэ фІыуэ илъагъут. Ибрэхьим Алыхьым унафэ гуэр щІищІам и щхьэусыгъуэр къыщыгурымыІуэм щыгъуи, абы пэщІэувакъым. Абы ипІэкІэ Ибрэхьим Иеговэ нэхъыфІу къызэрицІыхуным хущІэкъут. Псалъэм папщІэ, Алыхьым Содомрэ Іаморэрэ игъэкІуэдыну мурад щищІам щыгъуэ, Ибрэхьим гузавэу щІидзащ «щІылъэ псом и хеящІэм гуэныхьыщІэхэм я гъусэу пэжагъ зыгъэлъагъуэ цІыхухэри игъэкІуэдыну пІэрэ?» жиІэу. Апхуэдэ къэхъуфыну Ибрэхьим и фІэщ хъутэкъым. Аращ абы Іэдэбагъ хэлъу упщІэ зыбжанэкІэ Алыхьым зыщІыхуигъэзар. Иеговэ шыІэныгъэ хэлъу абы жэуап иритащ. ИкІэм-икІэжым Ибрэхьим къыгурыІуащ Иеговэ дэтхэнэ зы цІыхуми и гум илъыр зэрилъагъур икІи къуаншэм и гъусэу лажьэ зимыІэм тезыр зэи зэрытримылъхьэр (ЩІэдз. 18:20—32).
11. Иеговэ фІыуэ зэрилъагъур икІи абы дзыхь зэрыхуищІыр дапхуэдэу Ибрэхьим къызэригъэлъэгъуар?
11 Ибрэхьим гукъинэж хуэхъуауэ къыщІэкІынт Содомрэ Іаморэрэ теухуауэ Иеговэ зэрепсэлъауэ щытар. Иджы абы уафэм щыІэ и Адэр нэхъыфІыжу илъагъуу икІи нэхъыбэжу пщІэ хуищІу хъуат. Абы иужь илъэс бжыгъэ дэкІри, Ибрэхьим Алыхьым дзыхь зэрыхуищІыр гъэунэхуа хъуащ. Иеговэ Ибрэхьим елъэІуащ фІыщэу илъагъу и къуэ Исхьэкъ къурмэныпхъэу къыхуихьыну. Ауэ иджы Ибрэхьим Алыхьыр нэхъыфІу къицІыхуати, зы упщІэкІи зыхуимыгъазэу, абы жиІар игъэзэщІэну мурад ищІащ. Ибрэхьим Алыхьыр къызэрелъэІуар игъэзэщІэну иужь щитым щыгъуэ, абы и гум щыщІар фи нэгу къыщІэвгъэхьэт. Иеговэ теухуауэ къищІам ар куууэ егупсысу къыщІэкІынт. Псалъэм папщІэ, абы ищІэт Алыхьыр захуагъэ хэмылъу е гущІэгъуншэу зыми зэрыхущымытыр. Апостол Паул зэрыжиІам хуэдэу, Ибрэхьим и фІэщ хъут и къуэр Иеговэ къызэригъэтэджыжыфынур (Евр. 11:17—19). Гу лъытапхъэщ: Алыхьым Ибрэхьим псалъэ иритат Исхьэкъ лъэпкъышхуэ къытехъукІыну, ауэ а зэманым Исхьэкъ иджыри бын иІэтэкъым. Ибрэхьим Иеговэ фІыуэ илъагъут, абы къыхэкІкІэ уафэм щыІэ и Адэр сыт щыгъуи захуагъэм зэрытетым шэч лъэпкъ къытрихьэтэкъым. Иеговэ къызэрелъэІуа Іуэхугъуэр игъэзэщІэну абы дапхуэдизу къемыхьэлъэкІами, фІэщхъуныгъэ игъэлъагъуэри, Алыхьым едэІуащ (ЩІэдз. 22:1—12).
12. Дапхуэдэу Ибрэхьим щапхъэ тетх зэрыхъунур? (Псалом 73:28).
12 Дапхуэдэу Ибрэхьим щапхъэ тетх зэрыхъунур? Дэри Иеговэ теухуауэ нэхъыбэ къызэрытщІэным дыхущІэкъун хуейщ. Абы щыгъуэ Иеговэ нэхъ гъунэгъу дыхуэхъунущ икІи абы худиІэ лъагъуныгъэм хэдгъэхъуэнущ. (Къеджэ Псалом 73:28.) Апхуэдэу ди напэр дгъэсэнущ икІи къатщтэ унафэхэм Алыхьым и гупсысэкІэр къыхэщынущ (Евр. 5:14). Сыт абы къыпэкІуэнур? МыхъумыщІагъэ гуэр дигъэщІэну ди ужь зыгуэр къихьэу щытмэ, дэ абы зыдедгъэхьэхынукъым. Уафэм щыІэ ди Адэм и жагъуэ зыщІын икІи ди зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр зэтезыкъутэфын сыт хуэдэ Іуэхугъуэри дэ гущыкІыгъуэу къэтлъытэнущ. Пэжагъыр фІыуэ зэрытлъагъур дапхуэдэу иджыри къызэрыдгъэлъэгъуэфынур?
13. Дапхуэдэу пэжагъым дызэрыхущІэкъу хъунур? (Притчи 15:9).
13 ЕтІуанэ лъэбакъуэр. Пэжагъым хувиІэ лъагъуныгъэм зэрыхэвгъэхъуэным махуэ къэс фелэжь. Ди Іэпкълъэпкъым зедгъэужьын щхьэкІэ, махуэ къэс къару зэретхьэлІэм хуэдэу, Иеговэ и хабзэхэм худиІэ лъагъуныгъэм зэрыхэдгъэхъуэным къарурэ зэманрэ тедгъэкІуэдэн хуейщ. Иеговэ дыкъызэрыгурыІуэм къыхэкІкІэ тхузэфІэкІынум нэхърэ нэхъыбэ къытхуигъэувкъым (Пс. 103:14). Алыхьым дыкъегъэгугъэ «пэжагъым хущІэкъу цІыхур» абы сыт щыгъуи фІыуэ зэрилъагъунур. (Къеджэ Притчи 15:9.) Фэ арэзы фытехъуэну къыщІэкІынщ, Иеговэ и лэжьыгъэм пыщІа мурад пыухыкІа гуэр щыдгъэувым деж, ар къыдэхъулІэн щхьэкІэ, къарууэ диІэр зэретхьэлІэм. Абы ещхьу, пэжагъ дгъэлъэгъуэн щхьэкІэ, махуэ къэс къару етхьэлІэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Апхуэдэу тщІэмэ, Иеговэ шыІэныгъэ хэлъу къыддэІэпыкъунущ а хьэл-щэныр нэхъыфІыжу тлъагъуу дыхъун щхьэкІэ (Пс. 84:5, 7).
14. «Щыпкъагъэм и афэ джанэр» зищІысыр сыт икІи сыт абы дыщІыхуэныкъуэр?
14 Пэжагъым дытетыну гугъуу зэрыщымытыр Иеговэ щабэу дигу къегъэкІыж (1 Ин. 5:3). А хьэл-щэным дэ махуэ къэс дыхуэныкъуэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы дызэрыхущІэкъум дыкъехъумэ. Апостол Паул зи гугъу ищІа «Тхьэм и Іэщэ-фащэхэр» дигу къэдгъэкІыжынщ (Еф. 6:14—18). Абыхэм щыщ дэтхэнэра Алыхьым и лэжьакІуэм и гур къэзыхъумэр? Ар Иеговэ и хабзэ къабзэхэр къэзыгъэлъагъуэ «щыпкъагъэм и афэ джанэращ». Афэ джанэм зауэлІым и гур къызэрихъумэм хуэдэу, Иеговэ и хабзэхэми ди гур къахъумэ. Аращ Тхьэм и Іэщэ-фащэхэр щыщыттІагъэкІэ афэ джанэри зыщыдмыгъэгъупщэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр! (Прит. 4:23).
15. Дапхуэдэу «щыпкъагъэм и афэ джанэр» зэрызыщыттІагъэ хъунур?
15 Дапхуэдэу «щыпкъагъэм и афэ джанэр» зэрызыщыттІагъэ хъунур? Махуэ къэс унафэхэр къыщытщтэкІэ Алыхьым и хабзэхэм дытету щытмэ, а афэ джанэр зыщыттІэгъауэ жыпІэ хъунущ. Псалъэм папщІэ, дызытепсэлъыхьынум, дызэдэІуэнум, дызэплъынум е дызэджэнум теухуауэ зэпымыууэ унафэхэр къыдощтэ. А унафэхэр къэтщтэн ипэ, къыкІэлъыкІуэ упщІэхэм девгъэгупсыс: «Иджыпсту си акъылым изгъэхьэнур сыт? Ар Иеговэ игу ирихьыну пІэрэ? Хьэмэрэ абы Иеговэ пэжагъ зыхэмылъ Іуэхуу къилъытэхэр — зинэ щІэныр, залымыгъэр, нэпсеягъэр, щхьэхуещагъэр — фІы хуэдэу къыпщигъэхъурэ?» (Флп. 4:8). Махуэ къэс къатщтэ унафэхэр Иеговэ и хабзэ къабзэхэм техуэу щытмэ, абыхэм ди гур къахъумэнущ.
Уи пэжагъыр «хы толъкъунхэм хуэдэу» щытыфынущ (16, 17-нэ абзацхэм феплъ.)
16, 17. Иеговэ и хабзэ къабзэхэм сыт щыгъуи дызэрытетыфынур Исайя 48:18 ит псалъэхэм дапхуэдэу къызэрагъэлъагъуэр?
16 Иеговэ и хабзэ къабзэхэм зэпымыууэ узэрытетыфынум зэгуэр шэч къыщытепхьа къэхъуа? Апхуэдэ гурыщхъуэ пщІымэ, Иеговэ къихьа щапхъэр уигу къэбгъэкІыж хъунущ. Ар Исайя 48:18 итщ (къеджэ). Иеговэ дыкъегъэгугъэ ди пэжагъыр «хы толъкъунхэм хуэдэу» щытыну. Уи нэгу къыщІэгъэхьэт хы Іуфэм ущыту толъкъунхэр зыр адрейм иужь иту къызэрыкІуэм уеплъу. ДауикІ, абы узэреплъым уи гум мамырыгъэ кърелъхьэ! НтІэ, а дакъикъэм «хы толъкъунхэр зэгуэр къэувыІэну пІэрэ» жыпІэу уэ угузэвэну? Угузэвэну къыщІэкІынкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр илъэс мин куэд щІауэ хы Іуфэм зэпымыууэ къытохьэ икІи адэкІи апхуэдэу зэрыщытынум уэ шэч лъэпкъ къытепхьэкъым.
17 Уэри бгъэлъагъуэ пэжагъыр хы толъкъунхэм хуэдэу щытыфынущ. Дапхуэдэу? Унафэ гуэр къыщыпщтэн хуейм деж, япэрауэ, Иеговэ къызэрыпщыгугъым егупсыс, иужькІэ — ар гъэзащІэ. Къапщтэ унафэр мытыншу щытми, зыщомыгъэгъупщэ: уафэм щыІэ уи Адэр сыт щыгъуи уи гъусэщ. Ар щІэгъэкъуэн къыпхуэхъунущ, махуэ къэс абы и хабзэхэм утету упсэуфын щхьэкІэ (Ис. 40:29—31).
18. ЦІыху еплъыкІэкІэ нэгъуэщІхэм хьэкум ятетщІыхьын щІыхуэмейр сыт?
18 Ещанэ лъэбакъуэр. Хьэкумыр Иеговэ и ІэмыщІэм ифлъхьэ. Иеговэ и хабзэ къабзэхэм дытетын щхьэкІэ, дауикІ, къарууэ диІэр идохьэлІэ. Ауэ нэгъуэщІ лъэныкъуи щыІэщ: адрейхэм хьэкум ятетщІыхьу икІи абыхэм нэхърэ нэхъ пэжу зыкъэтлъытэжу щІэддзэнкІэ хъунущ. Апхуэдэу зыдгъэлъэгэным икІи цІыху еплъыкІэкІэ нэгъуэщІхэм хьэкум ятетщІыхьыным ипІэкІэ, Иеговэ «щІылъэ псом и ХеящІэу» зэрыщытыр зыщыдмыгъэгъупщэмэ нэхъыфІщ (ЩІэдз. 18:25). А къалэныр дгъэзэщІэну абы дэ къытхуигъэфэщакъым. Аращ Хьисэ мыпхуэдэу щІыжиІар: «Хьэкум зыми тевмыщІыхь, Тхьэм хьэкум фэ къыфтримыщІыхьын щхьэкІэ» (Мт. 7:1)b.
19. Исуф хьэкумыр Иеговэ и ІэмыщІэ зэрырилъхьар сытыт къызыхэщыр?
19 ЦІыху пэжу щыта Исуф и щапхъэм дгъэзэжынщ. Ар хущІэкъут нэгъуэщІхэм хьэкум ятримыщІыхьыну, гущІэгъуншэу къыхущытахэри абыхэм яхэту. Абы и къуэшхэм лей къытрагъэхьащ, пщылІыпІэм иращащ икІи ар лІа хуэдэу я адэм жраІащ. Илъэс куэд дэкІауэ Исуф и къуэшхэм хуэзэжащ. Иджы ар тепщэныгъэшхуэ зиІэ цІыхуу щытт: абы къращІам хуэдэ и къуэшхэм тыншу ярищІэжыфынут. Исуф и къуэшхэр ящІам хуабжьу хущІегъуэжат. Абы щхьэкІэ къэмынэу ахэр Исуф щышынэт. Ауэ абы и къуэшхэр мыпхуэдэ псалъэхэмкІэ игъэгушхуащ: «Фымышынэ, сэ Тхьэуэ сыщыт?» (ЩІэдз. 37:18—20, 27, 28, 31—35; 50:15—21). Исуф Іэдэбагъ хэлъу хьэкумыр Иеговэ и ІэмыщІэ ирилъхьащ.
20, 21. Зыгуэрым нэхърэ нэхъ пэжу зыкъэдмылъытэн щхьэкІэ, сыт зыщыдгъэгъупщэн хуэмейр?
20 Дэри, Исуф хуэдэу, хьэкумыр Иеговэ и ІэмыщІэ идолъхьэ. Ар сытым къыхэщрэ? Псалъэм папщІэ, къуэш, шыпхъухэм зыгуэр ящІэну хуэзыгъэушыр сытми дыщымыуэу зэхэдгъэкІыфыну ди гугъэкъым. ДауикІ, цІыхум и гум илъыр дэ тлъагъукъым, Иеговэ закъуэщ «гущІагъщІэлъ псор зэпэзышэчыр» (Прит. 16:2, Гъэсэпэтхыдэхэр). Алыхьым цІыхухэр псори фІыуэ елъагъу, ахэр къызыхэкІа лъэпкъым икІи зыщІапІыкІа хабзэхэм емылъытауэ. Абы дыхуегъэуш: «Фигухэр [нэгъуэщІхэм] къыхузэІуфх» (2 Кор. 6:13). Абы къыхэкІкІэ ди къуэш, ди шыпхъухэм хьэкум тетщІыхьыным ипІэкІэ, ахэр фІыуэ тлъагъунщ.
21 Хьэкумыр Иеговэ и ІэмыщІэ зэритлъхьэм иджыри къокІ зэхуэсым щымыщхэм хьэкум зэрытедмыщІыхьыр (1 Тим. 2:3, 4). Иеговэ хуэмылажьэ уи Іыхьлы гуэрым «абы Библием ит пэжыр зэи къищтэнукъым» жыпІэу хьэкум тепщІыхьрэ? Апхуэдэу тщІэмэ, ди щхьэм дыщыгугъыжу икІи цІыху еплъыкІэкІэ адрейхэм хьэкум тетщІыхьу жыпІэ хъунущ. Иеговэ нобэ къыздэсым «цІыху псоми, [ахэр] дэнэ щыІэми», я гуэныхьхэм хущІегъуэжыну Іэмал ярет (Апост. 17:30). Зэи зыщомыгъэгъупщэ: зыгуэрым нэхърэ нэхъ пэжу зыкъэплъытэныр пэжагъым жыжьэрэ гъунэгъуу бгъэдыхьэкъым.
22. Пэжагъыр фІыуэ щІэплъагъур сыт?
22 Дэ дыхуейщ Алыхьым и хабзэ къабзэхэм худиІэ лъагъуныгъэм адэкІи гуфІэгъуэ къытхуихьыну икІи адрейхэр игъэгушхуэну. А лъагъуныгъэм и фІыгъэкІэ ахэр дэри Иегови нэхъ гъунэгъу хуэхъуну дыщогугъ. «Щыпкъагъэм [ды]хуэзэшу икІи [ды]хуэлІэу» сыт щыгъуи дыщывгъэт (Мт. 5:6). А Іуэхум къару зэрепхьэлІэм Иеговэ гу зэрылъитэм шэч къытомыхьэ. Пэжагъым узэрытетыр щилъагъум деж, Иеговэ гуфІэгъуэшхуэ зыхещІэ. Мы дунейм гуэныхьщІэным адэкІи зыщиубгъуэми, уи Іэр йомыхьэх! Зыщомыгъэгъупщэ: «Пэжагъым тет цІыхухэр Иеговэ фІыуэ елъагъу»! (Пс. 146:8).
139-НЭ УЭРЭДЫР ДунеищІэр уи нэгу къыщІэгъэхьэ
a Мы дуней бзаджэм пэжагъ зыгъэлъагъуэ цІыху къыщыбгъуэтыну гугъущ. Ауэ, дапхуэдэу щымытами, ди зэманым мелуан бжыгъэ хъу цІыхухэр пэжагъым и гъуэгум ирокІуэ. Уэри абыхэм уазэрыщыщым дэ шэч къытетхьэкъым. Иеговэ пэжагъыр фІыуэ елъагъу. Уэри Алыхьыр фІыуэ зэрыплъагъум къыхэкІкІэ пэжагъым и гъуэгум утетщ. НтІэ, пэжагъым худиІэ лъагъуныгъэм дапхуэдэу хэдгъахъуэ зэрыхъунур? Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ пэжагъыр зищІысымрэ ар фІыуэ тлъагъун щІыхуеймрэ. Абы нэмыщІ дэ дытепсэлъыхьынущ пэжагъым худиІэ лъагъуныгъэм хэдгъэхъуэн щхьэкІэ, сыт хуэдэ лъэбакъуэхэр тчын хуейми.
b Иныкъуэхэм деж зэхуэсым и нэхъыжьхэм гуэныхь хьэлъэ зыщІа цІыхум хьэкум тращІыхьын хуейщ, ар абы хущІегъуэжарэ хущІемыгъуэжарэ зэхагъэкІын щхьэкІэ (1 Кор. 5:11; 6:5; Екъуб 5:14, 15). Ауэ абыхэм Іэдэбагъ ягъэлъагъуэри, цІыхум и гум илъыр зэрамылъагъур икІи Иеговэ и цІэкІэ хьэкум зэращІыр зыщагъэгъупщэкъым. (Евгъапщэ 2 Летопись 19:6.) Зэхуэсым и нэхъыжьхэр хущІокъу захуагъэм теухуауэ Алыхьым игъэува хабзэхэм тетыну, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм акъыл хэлъщ икІи ахэр гущІэгъукІэ гъэнщІащ.