ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • wp22 № 1 н. 12—13
  • 4 | Алыхьыр зыдэгъэІэпыкъу

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • 4 | Алыхьыр зыдэгъэІэпыкъу
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2022
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • Библием жиІэр:
  • Мы псалъэхэм къикІыр
  • Мы принципыр къызэрыбгъэсэбэп хъунур
  • Лъагъумыхъуныгъэр зытумыгъэкІуэн щхьэкІэ сыт пщІэ хъунур?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2022
  • Лъагъумыхъуныгъэм утекІуэфынущ!
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2022
  • Лъагъумыхъуныгъэм къежьапІэ хуэхъур сыт?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2022
  • Лъагъумыхъуныгъэр кІуэдыжыпэнущ!
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2022
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2022
wp22 № 1 н. 12—13
ЗэІухауэ щылъ Библиешхуэм цІыхухэр бгъэдохьэ; абы къыщхьэщих нурыр абыхэм ятопсэ. ЦІыхухэм ядз ныбжьым щыдолъагъу япэм абыхэм лъагъумыхъуныгъэр ягъэлъагъуэу зэрыщытар.

ЛЪАГЪУМЫХЪУНЫГЪЭР ЗЫТУМЫГЪЭКІУЭН ЩХЬЭКІЭ СЫТ ПЩІЭ ХЪУНУР?

4 | Алыхьыр зыдэгъэІэпыкъу

Библием жиІэр:

«Тхьэм... къыбгъэдэкІ фІыхэр мыращ: фІылъагъуныгъэр, гуфІэгъуэр, гузэгъэгъуэр, шыІэныгъэр, фІыгъуэр, гущІэгъуныгъэр, фІэщхъуныгъэр, гущабагъэр, зышыІэныгъэр» (ГАЛАТИЕ 5:22, 23).

Мы псалъэхэм къикІыр

Алыхьыр зыдомыгъэІэпыкъумэ, лъагъумыхъуныгъэм утекІуэфынукъым. Абы и къару лъапІэм къытхилъхьэфыну хьэл-щэнхэм хуэдэ дэ езым ди къарукІэ зэи тхузыхэлъхьэнукъым. Аращи, лъагъумыхъуныгъэм уи къарукІэ упэув нэхърэ, Алыхьыр зыдэбгъэІэпыкъумэ нэхъыфІщ. Абы щыгъуэ апостол Паул хуэдэу, уэри жыпІэфынущ: «Апхуэдэу щІэхъуар лъэкІыныгъэшхуэ зиІэр дэрмырауэ, атІэ Тхьэрауэ зэрыщытыр нахуэ хъун щхьэкІэщ» (2 Коринф 4:7). Уэ бгъэунэхунущ «Иеговэ си дэІэпыкъуэгъущ» жиІэу Псалом 121:2 ит псалъэхэр зэрыпэжыр.

Мы принципыр къызэрыбгъэсэбэп хъунур

«Иеговэ къыздэІэпыкъуащ губжьымрэ гущІэгъуншагъэмрэ къэзгъанэу, нэгъуэщІ цІыху сыхъуну» (ВАЛЬДО).

Иеговэ и къару лъапІэр къыуитыну зэпымыууэ елъэІу (Лука 11:13). Алыхьым и къарукІэ хьэл-щэныфІхэр зыхэплъхьэфынущ. Лъагъуныгъэм, мамырыгъэм, шыІэныгъэм икІи зышыІэныгъэм теухуауэ Библием итыр куууэ джы. Ар къыбдэІэпыкъунущ лъагъумыхъуныгъэм утекІуэну. КъэпщІар уи гъащІэм къызэрыщыбгъэсэбэпыным иужь ит. Уи еплъыкІэхэм хуэдэ зиІэхэм икІи щапхъэфІ уэзыгъэлъагъухэм нэхъыбэрэ уаригъусэну хущІэкъу. Апхуэдэ ныбжьэгъуфІхэм лъагъуныгъэмрэ ІуэхуфІхэмрэ ухуагъэушыфынущ (Еврейхэм 10:24).

Щапхъэ (ВАЛЬДО)

Лъагъумыхъуныгъэм текІуащ

Вальдо.

Вальдо и сабиигъуэр Іей дыдэт. Абы зэрыцІыкІурэ илъагъур гущІэгъуншагъэрэ залымыгъэрэт. Вальдо къыддогуашэ: «Наркотик зыщэхэмрэ дэрэ зэпымыууэ уэрамхэм дыщызэзауэт... КъытпэщІэтхэм саукІыну зэгуэр киллер къащтат, ауэ си насыпти, уІэгъэкІэ сызэфІэкІащ».

Вальдо игу ирихьакъым и щхьэгъусэм Библиер джын зэрыщІидзар. Ар къыддогуашэ: «Сэ Иеговэ и Щыхьэтхэр слъагъу хъутэкъым икІи щІэх-щІэхыурэ абыхэм псалъэ Іейхэр яжесІэт. Ауэ, сэ згъэщІагъуэрати, ахэр сыт щыгъуи зэпІэзэрыту къанэт».

Зэман гуэр дэкІри, иджы езы Вальдо Библиер джын щІидзащ. Абы жеІэ: «Пэжыр жысІэнщи, си дежкІэ тынштэкъым къасщІэр си гъащІэм къыщызгъэсэбэпыну. Сэ губжьым сытекІуэнуи си фІэщ хъутэкъым». Ауэ Библием ит зы гупсысэм абы и фІэщ ищІащ зэрызихъуэжыфынур.

Вальдо игу къегъэкІыж: «Зэгуэр Библием сезыгъаджэ Алехандро къызэлъэІуащ Галатие 5:22, 23 ит псалъэхэм сыкъеджэну. [...] Алехандро къызгуригъэІуащ си къарукІэ а хьэл-щэнхэр зэрысхузыхэмылъхьэнур: ар щысхузэфІэкІынур Алыхьым и къару лъапІэр зыдэзгъэІэпыкъумэщ. А псалъэхэм си гупсысэкІэр зэрыщыту яхъуэжащ!»

Алыхьым и къару лъапІэр зыдигъэІэпыкъуурэ, Вальдо лъагъумыхъуныгъэм текІуащ. Ар къыддогуашэ: «Япэм си ныбжьэгъуу щытахэми си благъэхэми я фІэщ хъутэкъым апхуэдизу зэрызысхъуэжар». И кІэм деж Вальдо жеІэ: «Иеговэ къыздэІэпыкъуащ губжьымрэ гущІэгъуншагъэмрэ къэзгъанэу, нэгъуэщІ цІыху сыхъуну».

Вальдо и гъащІэм теухуауэ укъыщеджэфынущ 2013-нэ гъэм, жэпуэгъуэм и 1-нэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым, 12—13 напэкІуэцІхэм.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын