ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w21 Октябрь н. 29—31
  • ИлъэсищэкІэ узэІэбэкІыжмэ: 1921-нэ гъэ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • ИлъэсищэкІэ узэІэбэкІыжмэ: 1921-нэ гъэ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ЛІЫГЪЭ ЯХЭЛЪУ АЛЫХЬЫМ КЪЫБГЪЭДЭКІ ХЪЫБАРЫР ЗЫГЪЭІУХЭР
  • ЩХЬЭЖ ЕЗЫМ ИКІИ И УНАГЪУЭМ И ГЪУСЭУ БИБЛИЕ ДЖЫНЫР
  • ТХЫЛЪЫЩІЭ!
  • ИДЖЫРИ ЛЭЖЬЫГЪЭШХУЭ КЪЫТПЭЩЫЛЪЩ
  • Иеговэ фІыгъуэ ирет абы хуэжыІэдаІуэхэм
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2017
  • ИлъэсищэкІэ узэІэбэкІыжмэ: 1922 гъэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
  • ИлъэсищэкІэ узэІэбэкІыжмэ: 1923 гъэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2023
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
w21 Октябрь н. 29—31

ИлъэсищэкІэ узэІэбэкІыжмэ: 1921-нэ гъэ

1921-НЭ ГЪЭМ, щІышылэм и 1-м къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» Библием и КъэхутакІуэхэм хуэгъэзауэ мыпхуэдэ упщІэ итащ: «Мэгъэм дэ сыт хуэдэ лэжьыгъэ дгъэзэщІэн хуейуэ къытпэщылъыр?» А упщІэм и жэуапу Исаия 61:1, 2 ит псалъэхэр къыщыхьат: «Иеговэ дагъэ лъапІэр... къыщІысщихуар Іэдэбхэм хъыбарыфІыр яхуэсІуэтэн папщІэкІэщ... Иеговэ и нэфІ цІыхухэм къащыщыхуэну илъэсымрэ хьэкум щищІыну махуэмрэ къызэрысам и хъыбарыр згъэІуну». А псалъэхэм Библием и КъэхутакІуэхэм ягу къагъэкІыжт хъыбарыфІыр адэкІи ягъэІун зэрыхуейр.

ЛІЫГЪЭ ЯХЭЛЪУ АЛЫХЬЫМ КЪЫБГЪЭДЭКІ ХЪЫБАРЫР ЗЫГЪЭІУХЭР

Библием и КъэхутакІуэхэм къыхуагъэфэща къалэныр ягъэзэщІэн щхьэкІэ лІыгъэм хуэныкъуэт. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм цІыху Іэдэбхэм «хъыбарыфІыр хуаІуэтэным» нэмыщІ Иеговэ бзаджащІэхэм хьэкум щатрищІыхьыну махуэр къызэрысам и хъыбарри ягъэІун хуейт.

Канадэм щыщ ди къуэш Джон Хо́скин лІыгъэ хэлъу хъыбарыфІыр игъэІут. 1921-нэ гъэм ар «методистская церковь» жыхуаІэм и лэжьакІуэм хуэзащ. Джон абы жриІащ: «Дыкъэмыгубжьу Библием теухуауэ дызэгъэпсалъэ. ЗыгуэркІэ ди еплъыкІэхэр зэтемыхуэу щытмэ, щхьэж и еплъыкІэм къытенауэ ныбжьэгъухэм хуэдэу дызэбгъэдэкІыжынщ». Ауэ псори нэгъуэщІущ къызэрыхъуар. Ди къуэш Хоскин жеІэж: «ДакъикъитІ дэмыкІыу ар апхуэдизкІэ губжьауэ бжэр иридзылІати, абы хэлъ абджыр цІыкІу-цІыкІуу хэщэщын си гугъащ».

«Мажусий диныр зыІыгъхэм я деж укІуэрэ, ахэр яжепІам нэхъыфІт!» — жиІэри, а цІыхухъур кІиящ. Джон зыри жиІакъым, ауэ игукІэ егупсысащ: «НтІэ, иджыпсту сэ абыхэм ящыщ зым сепсэлъауэ аракъэ?»

Ауэ а псалъэ жагъуэхэмкІэ а Іуэхур зэфІэкІакъым. Ди къуэш Хоскин зэрыжиІэжымкІэ, етІуанэ махуэм а дин лэжьакІуэм и члисэм щекІуэкІ зэІущІэм щыжиІащ абы нэхърэ нэхъ пцІыупс а къалэм къыдэмыхьауэ икІи ар укІын хуейуэ. А псалъэхэм ди къуэшыр ягъэшына? Хьэуэ. Абы адэкІи ехъулІэныгъэ иІэу хъыбарыфІыр игъэІут. Джон жеІэж: «А зэманым хъыбарыфІ гъэІуным сызэрыхэтым гуфІэгъуэшхуэ къысхуихьт. ХъыбарыфІыр щызгъэІукІэ языныкъуэхэм мыпхуэдэ псалъэхэр къызжаІэт: „Уэ езы Алыхьым укъигъэкуащ!“ Абы нэмыщІ зыми сыщымыщІэн щхьэкІэ ахэр дэІэпыкъуэгъу къысхуэхъуну хущІэкъут».

ЩХЬЭЖ ЕЗЫМ ИКІИ И УНАГЪУЭМ И ГЪУСЭУ БИБЛИЕ ДЖЫНЫР

Пэжыр къэзыщІэну хуей цІыхухэм ядэІэпыкъун щхьэкІэ Библием и КъэхутакІуэхэм «Золотой век» жыхуаІэ журналымa Библиер куууэ бджыну къыбдэІэпыкъу программэхэр къытрадзэт. Псалъэм папщІэ, адэ-анэхэм дэІэпыкъуэгъу хуэхъу «Юные исследователи Библии» жыхуаІэ рубрикэр а журналым къыщыбгъуэтыфынут. Адэ-анэхэм абы ит упщІэхэр сабийхэм иратти, иужькІэ абыхэм я жэуапхэр Библием къыщагъуэтыну ядэІэпыкъут. Языныкъуэ упщІэхэр тыншт, псалъэм папщІэ: «Библиер тхылъ дапщэ зэрыхъур?» Адрей упщІэхэм ныбжьыщІэхэр хуагъэхьэзырт лІыгъэ хэлъу хъыбарыфІыр ягъэІуну, псалъэм папщІэ: «Хьисэ и лъэужь ирикІуэ дэтхэнэ зыри гугъуехьхэм пэщІэхуэн хуейуэ пІэрэ?»

Абы нэмыщІ «Углублённый курс изучения Божьего плана веков» жыхуиІэ рубрикэр а журналым къытрадзэт. А рубрикэм «Исследования Писания» жыхуаІэ тхылъым и япэ Іыхьэм зи гугъу ищІ темэ куухэм теухуа упщІэхэр къыщыхьат. НыбжьыщІэхэми балигъхэми яхуэгъэза а рубрикэхэр цІыху мин бжыгъэм сэбэп яхуэхъуащ. Ауэ 1921-нэ гъэм, дыгъэгъазэм и 21-м къыдэкІа «Золотой век» журналым щыжыІат а рубрикэхэр афІэкІа къытрамыдзэжыну. Сыт щхьэкІэ?

ТХЫЛЪЫЩІЭ!

«Арфа Божия» тхылъыр

ЦІыхур зэджэн хуей напэкІуэцІхэр зэрыт карточкэ

УпщІэхэр зэрыт карточкэ

Унафэ зыщІ къуэшхэм къагурыІуащ хъыбарыфІыр зыфІэгъэщІэгъуэн цІыхухэм Библиер яджын щхьэкІэ ар темэ-темэкІэ зэпкърыхын зэрыхуейр. Абы къыхэкІкІэ 1921-нэ гъэм, щэкІуэгъуэм «Арфа Божия» жыхуиІэ тхылъыр къыдагъэкІащ. А тхылъыр къэзыщтэхэр Библиер езыр-езыру куууэ яджын щхьэкІэ курсым хатхэт. А курсыр абыхэм къадэІэпыкъут Алыхьым цІыхухэм гъащІэ мыухыж яритыну иІэ мурадым теухуауэ нэхъыбэ къащІэну. Дауэ ар зэрекІуэкІыу щытар?

А тхылъым и гъусэу тхьэмахуэм и кІуэцІым зэджэн хуей напэкІуэцІхэр зэрыт карточкэ цІыхум иратт. Тхьэмахуэ дэкІа иужь а цІыхум почтэкІэ нэгъуэщІ карточкэ хурагъэхьт зэджа напэкІуэцІхэм тегъэщІа упщІэхэр иту. А карточкэм и кІэм къыкІэлъыкІуэ тхьэмахуэм иджын хуей напэкІуэцІхэр итт.

Мазищым къриубыдэу тхьэмахуэ къэс а щІыпІэм щыІэ зэхуэсым цІыхур зэджэну напэкІуэцІхэр зэрыт карточкэхэр хуригъэхьт. И нэхъыбэм зи ныбжь хэкІуэтахэмрэ узыншагъэ зэрамыІэм къыхэкІкІэ хъыбарыфІыр унэ-унэкІэ зыхуэмыгъэІухэмрэ а къалэныр иратт. Псалъэм папщІэ, Ми́лвейл (штат Пенсильвания) щыщ ди шыпхъу Аннэ Га́рднер и псалъэхэм гу лъыттэнщ: «Си шыпхъу Тейл и лъакъуэхэр къыщІэувэтэкъым. Ауэ «Арфа Божия» жыхуиІэ тхылъым и фІыгъэкІэ хъыбарыфІ гъэІун лэжьыгъэм нэхъыбэу хэтыну абы Іэмал иІэ хъуащ. Тейл упщІэхэр зэрыт карточкэхэр Библиер зыджхэм яхуригъэхьт». ЦІыхум а курсыр къиуха иужь зэхуэсым щыщ гуэр абы и деж кІуэт Библиер нэхъ куууэ къыгуригъэІуэн щхьэкІэ.

Тейл Гарднер инвалиднэ креслэм ису

ИДЖЫРИ ЛЭЖЬЫГЪЭШХУЭ КЪЫТПЭЩЫЛЪЩ

1921-нэ гъэм и кІэм ди къуэш Джо́зеф Ру́терфорд Библием и КъэхутакІуэхэм я зэхуэс псоми письмо хуригъэхьащ. Абы мыпхуэдэ псалъэхэр итащ: «Мэгъэм гъавэ Іухыжыгъуэр зэрыщІидзэрэ Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр псом хуэмыдэу ину Іуащ икІи цІыху куэдым ядэІэпыкъуащ». Абы нэмыщІ къуэш, шыпхъухэм мыпхуэдэ псалъэхэр яхуитхащ: «Дэ иджыри лэжьыгъэшхуэ къытпэщылъщ. Адрейхэри ди гъусэу а лэжьыгъэ лъапІэм хэтыну хуэвгъэуш». Зэманым къызэригъэлъэгъуамкІэ, Библием и КъэхутакІуэхэм а псалъэхэр ягъэзэщІащ. Абыхэм 1922-нэ гъэм Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр нэхъ жыджэру икІи лІыгъэ яхэлъу ягъэІуащ.

ЛІыгъэ зыхэлъ ныбжьэгъухэр

Библием и КъэхутакІуэхэр зэкъуэшхэм хуэдэу фІыуэ зэрылъагъут. Абыхэм лІыгъэ яхэлъу зыр зым къыщхьэщыжт икІи «гузэвэгъуэ ущихуам къыбдэІэпыкъу къуэшым» хуэдэу зэхущытт (Прит. 17:17). Абы щыхьэт техъуэ зы Іуэхугъуэм гу лъыттэнщ.

1921-нэ гъэм, накъыгъэм и 31-м, гъубж махуэм Талса зи цІэ къалэм (штат Оклахомэ, США-м) зэрызехьэшхуэ къыщыхъуащ. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуар зи фэр фІыцІэ щІалэр тутнакъым зэрагъэтІысаращ. А щІалэм зи фэр хужь хъыджэбзым лей ирихыну хэтауэ жаІат. А махуэм цІыху миным нэхърэ нэхъыбэ хъу зи фэр хужь цІыхухъухэмрэ тІэкІукІэ нэхъ мащІэ хъу зи фэр фІыцІэ цІыхухъухэмрэ зэхэуащ. А къэзэуатыр зи фэр фІыцІэ цІыхухэр щыпсэу Гринвуд щІыпІэм псынщІэу Іэпхъуащ. А щІыпІэм щыІэ 1 400-рэ нэхърэ нэхъыбэ хъу унэхэмрэ тыкуэнхэмрэ зэхадыгъуэри ягъэсыжат. Абы щыгъуэ цІыхуу 36 яукІауэ ятхащ, ауэ ипэжыпІэкІэ абы цІыху 300 хуэдиз хэкІуэдауэ къыщІэкІынщ. ИужькІэ а Іуэхугъуэм «Талсэ лъыгъажэшхуэ» фІащащ.

Зи фэр фІыцІэу щыт Библием и КъэхутакІуэ Ричард Хилл Гринвуд щІыпІэм щыпсэут. Абы жеІэж: «А зэрызехьэр къыщыхъуа пщыхьэщхьэм дэ зэІущІэ диІэт. Ди зэІущІэр иуха иужь дэ къалэмкІэ къиІукІ фочыуэ макъхэр зэхэтхащ. А макъхэр жэщыр хэкІуэтэхукІэ увыІакъым икІи ахэр зэхэтхыу дыжеижащ». Пщэдджыжьым, мэкъуауэгъуэм и 1-м, бэрэжьей махуэм Іуэхур нэхъ Іей хъуауэ аращ. Ричард зэрыжиІэжымкІэ, абыхэм я унэм цІыху гуэрхэр кІакІуэри, зыри къащыщІыну хуэмейуэ щытмэ, замыІэжьэу къалэм дэт театрым екІуэлІэну къыжраІащ. Ричард и щхьэгъусэмрэ и бынитхумрэ и гъусэу къызэрыжраІам хуэдэу ищІащ. А щІыпІэм 3 000 хуэдиз хъу зи фэр фІыцІэ цІыхухъухэмрэ цІыхубзхэмрэ хъумапІэ къыщагъуэтащ. Ахэр яхъумэн икІи зыкъэзыІэта цІыхухэр ягъэбэяужын щхьэкІэ къэрал унафэщІхэм «Национальная гвардия» жыхуаІэр къагъэкІуат.

А зэман дыдэм ирихьэлІэу зи фэр хужь ди къуэш А́ртур Клаус лІыгъэ зыхэлъ унафэ къищтащ. Абы жеІэж: «Гринвуд щІыпІэм унэхэр яхъунщІэу икІи ягъэсу цІыхухэр зэрыдэтыр щызэхэсхам щыгъуэ си ныбжьэгъу Ричард и деж сыкІуэу и Іуэхур зытетыр къэсщІэну мурад сщІащ».

Артур Клаус «Арфа Божия» тхылъыр къигъэсэбэпу Библием иригъэджа сабий 14-р и гъусэу

Артур и ныбжьэгъум и унэм щынэсам ар Іэщэ зыІыгъ зи фэр хужь цІыхухъу гуэрым хуэзащ. Ар Ричард и гъунэгъуу псэу и ныбжьэгъурауэ къыщІэкІащ. А гъунэгъум Артур хъунщІакІуэхэм ящыщу къыщыхъури, къэкІиящ: «Сыт уэ мыбдеж къыщыбгъэнар?»

«Си жэуапыр абы игу иримыхьауэ щытамэ, къызэуэнурэ сиукІынут, — жеІэж Артур. — Сэ абы жесІащ Ричард сызэриныбжьэгъур икІи мызэ-мытІэу и унэм сызэрыщыІар». Ричард и ныбжьэгъумрэ Артуррэ я фІыгъэкІэ абы и унэр хъунщІакІуэхэм зэхамыдыгъуэу къэнащ.

Куэд дэмыкІыу Артур Ричард и унагъуэр здэщыІэр дэнэми къищІащ. Абы къыжраІащ зи фэр фІыцІэ цІыхухэр театрым и унэшхуэм щызэрызэхуашэсар икІи генерал Ба́рретт хуит имыщІауэ абы зыри къызэрыщІамыгъэкІыр. Артур игу къегъэкІыж: «Ар къэбгъуэту зыхуэбгъэзэну тынштэкъым, ауэ сэ ар схузэфІэкІащ. СыкъыщІэкІуар абы щыжесІам щыгъуэ ар къызэупщІащ: „А унагъуэр пхъумэну икІи зыхуей хуэбгъэзэну уэ пхузэфІэкІыну?“ Сэ «НтІэ» жысІэри, абы жэуап естащ».

Генерал Барретт и Іэ зыщІэдза кІэлъымпІэр иІыгъыу Артур псынщІэу театрым кІуащ. Ар зауэлІым щилъагъум щыгъуэ и фІэщ мыхъуу жиІащ: «Мы кІэлъымпІэм езы генералым и Іэ щІэдзащ! Уэр фІэкІа мыбы иджыри къэс зыми зыри къришыжыфакъым». Ричард и унагъуэр Артур псынщІэу къигъуэтащ икІи ахэр абы и машинэмкІэ унэм кІуэжащ.

«Алыхьым и лъэпкъым щыщхэр псори зэхуэдэщ»

Ричард Хилл и унагъуэр и гъусэу ихъумэн щхьэкІэ Артур Клаус хузэфІэкІыу хъуар ищІащ. Абы игъэлъэгъуа лъагъуныгъэмрэ лІыгъэмрэ куэдым гъэщІэгъуэн ящыхъуащ. Артур жеІэж: «Ричард и унэр си гъусэу зыхъума и гъунэгъуу псэу цІыхухъум пэжым пщІэ нэхъ хуищІуу хъуащ. Абы нэмыщІ куэдым Библием ит пэжыр яфІэгъэщІэгъуэн хъуащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ цІыхум и фэм елъытауэ зэхэгъэж зэрыдмыщІыр абыхэм ялъэгъуащ. ЦІыхухэм я дежкІэ наІуэ хъуащ: Алыхьым и лъэпкъым щыщхэр псори зэхуэдэщ».

a 1937-нэ гъэм «Золотой век» жыхуаІэ журналыр «Утешение» цІэкІэ яхъуэжащ. ИужькІэ 1946-нэ гъэм а журналым «Фыкъызэщыу!» жаІэу еджэ хъуащ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын