10 СТАТЬЯР
Иеговэ худиІэ лъагъуныгъэм псым зыщІэдгъэуэну дыхуегъэуш
«Сыт сэ зэран къысхуэхъур псым зыщІэзгъэуэну?» (АПОСТ. 8:36, ДЩІ).
37-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ гурэ псэкІэ хуэлажьэ
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1, 2. Апостолхэм 8:27—31, 35, 36, 38 зэритымкІэ, Ефиопие къэралым щыщ лІыр сыт хуэзыгъэушар псым зыщІигъэуэну?
ХЬИСЭ и лъэужь фиувэу псым зыщІэвгъэуэну фыхуей? Куэдым а лъэбакъуэр ячащ. Апхуэдэу ящІэну Иеговэ хуаІэ лъагъуныгъэмрэ абы фІыщІэ зэрыхуащІымрэ хуигъэушащ. Ефиопие къэралым щыщ лІым и щапхъэр зэпкърытхынщ. Ар пащтыхь гуащэм хуэлажьэт.
2 Ефиопие къэралым щыщ лІым Тхыгъэ ЛъапІэм ит щІэныгъэ зригъэгъуэтахэм хуагъэушащ занщІэу псым зыщІигъэуэну. (Къеджэ Апостолхэм 8:27—31, 35, 36, 38.) Сыт абы апхуэдэу щІищІар? Шэч хэмылъу, абы Алыхьым и Псалъэр лъапІэу илъытэт, ар къыхощ шыгум щисым бегъымбар Ешайа и тхылъым щыщ Іыхьэ зэреджам. Филипп зэрепсэлъам ар хуигъэушащ Хьисэ Мэссихь абы щхьэкІэ ищІар фІыщІэ ищІыну. Ауэ сытыт а лІыр Ерусалим щІэкІуэу щытар? Абы Иеговэ фІыуэ илъагъути аращ. Дэнэ дэ ар щытщІэр? Ар Алыхьым хуэлэжьэн щхьэкІэ Ерусалим кІуэт. Абы и лъэпкъым и диныр къигъэнауэ къыщІэкІынщ, Алыхь пэжым хуэлажьэ лъэпкъым и гъусэу Иеговэ игъэлъэпІэн щхьэкІэ. Иеговэ хуиІэ лъагъуныгъэм ар хуигъэушащ мыхьэнэшхуэ зиІэ лъэбакъуэ ичыну — псым зыщІигъауэу Хьисэ и лъэужь иувэну (Мт. 28:19).
3. Псым зыщІэвгъэуэну сыт зэран къыфхуэхъункІэ хъунур? («Уи гум сыт хуэдэ щытыкІэ иІэр?» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)
3 Иеговэ хувиІэ лъагъуныгъэм фыхуигъэушыфынущ псым зыщІэвгъэуэну. Ауэ лъагъуныгъэр зэрани къыфхуэхъуфынущ а лъэбакъуэр фчыну. Псалъэм папщІэ, щапхъэ зыбжанэ зэпкърытхынщ. Иеговэ хуэмылажьэ фи ныбжьэгъухэмрэ фи Іыхьлыхэмрэ фІыщэу флъагъуу щытмэ, мыпхуэдэу фегупсысынкІэ хъунущ: «Псым зыщІэзгъауэмэ, абыхэм я щІыб къысхуагъэзэнущ» (Мт. 10:37). Е Иеговэ илъагъу мыхъу хьэл гуэр фызэриІэм къыхэкІкІэ фи дежкІэ гугъуу щытынкІэ хъунущ Алыхьым и хабзэхэм фытету фыпсэуну (Пс. 97:10). Абы нэмыщІ дин нэпцІым пыщІа хабзэхэмрэ цІыхухэм ягъэлъапІэ махуэшхуэхэмрэ фызэрыцІыкІурэ фІыуэ флъагъуу къыщІэкІынщ. А Іуэхугъуэхэр фи гуапэу фигу къэкІыжу зэрыщытым къыхэкІкІэ, ахэр къэвгъэнэну гугъуу щытынкІэ хъунущ Иеговэ зэрыфІэмыфІыр фщІэми (1 Кор. 10:20, 21). Апхуэдэу щытмэ, мыпхуэдэ упщІэ зэфтыжын хуейщ: «Сыт е хэт сэ нэхъыфІу слъагъур?»
ХЭТ ПСОМ НЭХЪРЭ НЭХЪЫФІУ ТЛЪАГЪУН ХУЕЙР?
4. Псым зыщІэвгъэуэну сыт япэ дыдэу фыхуэзыгъэушын хуейр?
4 Иеговэ и Щыхьэтхэр къэвмыцІыху щІыкІэ фэ Алыхьыр фІыуэ флъагъуу, абы теухуауэ къэфщІэну, абы и нэфІи къыфщыхуэну фыхуейуэ щыта хъунщ. ИкІи Иеговэ и Щыхьэтхэр къыщыфцІыхуам щыгъуэ абыхэм фепсэлъэну фигу ирихьу, фаригъусэнуи ффІэфІу хъуауэ къыщІэкІынщ. Ауэ а псор фигу ирихьу зэрыщытыр мащІэщ фи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ ифлъхьэу, псым зыщІэвгъэуэн щхьэкІэ. А лъэбакъуэр фчыну псом нэхъапэу фыхуэзыгъэушын хуейр Алыхь Иеговэ хувиІэ лъагъуныгъэращ. Иеговэ псом нэхърэ нэхъыфІу флъагъуу щытмэ, абы фыхуэлэжьэну фэ зыри зэран зыхуэвгъэхъунукъым. Иеговэ хувиІэ лъагъуныгъэм фыхуигъэушынущ псым зыщІэвгъэуэну икІи а лъагъуныгъэр къывдэІэпыкъунущ псым зыщІэвгъэуа иужьи абы хуэпэжу фыкъэнэну.
5. Сыт мы статьям къыщытщІэнур?
5 Хьисэ жиІащ Иеговэ дапхуэдэу фІыуэ тлъагъун хуейми: «Уэ уигу псомкІи, уи псэ псомкІи, уи зэхэщІыкІ псомкІи, уи къару псомкІи Зиусхьэну уи Тхьэр фІыуэ лъагъу» (Мк. 12:30). Апхуэдэу Иеговэ фІыуэ тлъагъуу икІи пщІэ хуэтщІу дауэ зэрызедгъэсэнур? Иеговэ фІыщэу дызэрилъагъум дыщегупсысым деж, дэри ар фІыуэ тлъагъуну дыхуегъэуш (1 Ин. 4:19). Мы статьям фэ къыщыфщІэнущ Иеговэ лъагъуныгъэ хуэфщІу псым зыщІэвгъэуэн щхьэкІэ сыт фщІэн хуейми.
6. Рим 1:20 зэритымкІэ, дапхуэдэу Иеговэ къызэрытцІыхуфынур?
6 Иеговэ теухуауэ нэхъыбэ къафщІэ, абы и ІэдакъэщІэкІхэм фыкІэлъыплъурэ. (Къеджэ Рим 1:20; Апок. 4:11.) КъэкІыгъэхэмрэ псэущхьэхэмрэ гу лъыфтэурэ, ахэр къэзыгъэщІа Алыхьым и Іущагъыр хэфлъагъуэу зевгъасэ. Фи Іэпкълъэпкъыр гъэщІэгъуэныщэу зэрызэхэлъым теухуауэ нэхъыбэ къафщІэ (Пс. 139:14). Фегупсысыт Дыгъэм къарууэ иІэм икІи апхуэдэ вагъуэу дапхуэдиз щыІэми — ахэр миллиард бжыгъэ мэхъу! (Ис. 40:26)b. Апхуэдэу фщІэмэ, Иеговэ нэхъыбэжу пщІэ хуэфщІу фыхъунущ. Ауэ Иеговэ Іущагъ зэрыхэлъыр икІи къаруушхуэ зэрыбгъэдэлъыр пщІэныр мащІэщ. Иеговэ фІыуэ флъагъун икІи и ныбжьэгъу фыхъун щхьэкІэ абы нэгъуэщІ и хьэл-щэнхэри къэфцІыхун хуейщ.
7. Сыт быдэу уи фІэщ хъун хуейр Иеговэ нэхъыфІыжу плъагъуу ухъун щхьэкІэ?
7 Уэ быдэу уи фІэщ хъун хуейщ Иеговэ уэ езыр фІыуэ узэрилъагъур. Уафэри щІылъэри къэзыгъэщІа Алыхьым уэ узэрыщыІэр зэрищІэр икІи гурыщІэ ІэфІхэр къызэрыпхуиІэр уи фІэщ пщІыну уи дежкІэ гугъуу пІэрэ? Апхуэдэу щытмэ, зыщумыгъэгъупщэ: «Тхьэр дэ тщыщ дэтхэнэми пэжыжьэкъым» (Апост. 17:26—28). Абы дэтхэнэ зы цІыхуми и гум илъыр елъагъу. Даут и къуэ Сэлмэн жриІауэ щыта псалъэхэр уи щхьэм хуэпхь хъунущ: «Ар [Алыхьыр] къэплъыхъуэмэ зыкъыуигъэгъуэтынущ» (1 Лет. 28:9). Егупсысыт: уэ иджыпсту Библиер щІэбджым и щхьэусыгъуэр Иеговэ зэрыхуейращ уэ ар къэпцІыхуну. Абы жиІащ: «Сэ уэ узыбгъэдэсшащ» (Иер. 31:3, ДЩІ, 2013 гъэ, англ.). Иеговэ къыпхуищІэр нэхъ лъапІэу плъытэху, абы ухуиІэ лъагъуныгъэр нэхъ ин хъунущ.
8. Иеговэ и лъагъуныгъэр лъапІэу зэрыфлъытэр дапхуэдэу къызэрывгъэлъэгъуэфынур?
8 Иеговэ и лъагъуныгъэр лъапІэу зэрыфлъытэр дапхуэдэу къызэрывгъэлъэгъуэфынур? Ар зэрыфщІ хъун Іэмалхэм ящыщ зыщ Алыхьым лъэІукІэ зыхуэвгъазэу фызэрепсалъэр. Алыхьым фи гуныкъуэгъуэхэмкІэ фыдэгуэшэху икІи къыфхуищІэ псом щхьэкІэ фІыщІэ нэхъыбэрэ хуэфщІыху, абы хувиІэ лъагъуныгъэр хэхъуэнущ. Иеговэ фи лъэІухэм жэуап къызэрыритыр щыфлъагъум деж, абырэ фэрэ фи зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ хъунущ (Пс. 116:1). Абы фызэрызэхищІыкІыр къывгурыІуэнущ. Ауэ Иеговэ нэхъ гъунэгъу фыхуэхъун щхьэкІэ фэри абы и гупсысэкІэр къывгурыІуэн хуейщ. ИкІи фэ ар сыткІэ къыфщыгугъми Іэмал имыІэу къэфщІэн хуейщ. Апхуэдэ щІэныгъэхэр зэрызэвгъэгъуэтыфынур зы Іэмал закъуэщ — езым и Псалъэ Библием феджэу щытмэ.
Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку зэныбжьэгъугъэ дэлъын щхьэкІэ икІи ар къызэрытщыгугъыр къэтщІэн щхьэкІэ Іэмал нэхъыфІ дыдэр — Библие джыныращ. (9-нэ абзацым феплъ.)c
9. Библиер лъапІэу зэрыфлъытэр дауэ къызэрывгъэлъэгъуэфынур?
9 Алыхьым и Псалъэ Библиер лъапІэу флъытэу зевгъасэ. Иеговэ теухуа пэжымрэ дэ ттеухуауэ абы мурад иІэмрэ Библие закъуэращ зэрытыр. Библиер лъапІэу зэрыфлъытэр дауэ къызэрывгъэлъэгъуэфынур? Абы махуэ къэс феджэ икІи Иеговэ и Щыхьэтхэм щыщ зым фригъэджэну къэкІуэн ипэ фызэджэнур вгъэхьэзыр; къафщІэр фи гъащІэм къыщывгъэсэбэп (Пс. 119:97, 99; Ин. 17:17). Библиер зэрывдж график фиІэу пІэрэ? А графикым фытет? Алыхьым и Псалъэм махуэ къэс феджэфрэ?
10. Библиер нэгъуэщІ тхылъхэм сыткІэ къыщхьэщыкІрэ?
10 Библиер нэгъуэщІ тхылъхэм къыщхьэщокІ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Хьисэ Мэссихь зылъэгъуа цІыхухэм жаІэжахэр абы итщ. Абы дэр щхьэкІэ ищІам теухуауэ пэжыр а зы тхылъыращ зэрытыр. Хьисэ ищІамрэ жиІамрэ теухуауэ феджэмэ, фэ абы и ныбжьэгъу фыхъуну фыхуеину къыщІэкІынщ.
11. Иеговэ фІыуэ флъагъуу дапхуэдэу зэрызевгъэсэнур?
11 Хьисэ фІыуэ флъагъуу зевгъасэмэ, Иеговэ хувиІэ лъагъуныгъэр хэхъуэнущ. Хьисэ и Адэм нэгъэсауэ щапхъэ трихт (Ин. 14:9). Аращи, Хьисэ теухуауэ нэхъыбэ къэфщІэху, Иеговэ нэхъыфІу къэфцІыхунущ икІи нэхъыфІыжу флъагъуу фыхъунущ. Фигу къэвгъэкІыж гугъу ирагъэхьхэм икІи зи пщІэр ираудыххэм Хьисэ гущІэгъу зэрахуищІу щытар, псалъэм папщІэ тхьэмыщкІэхэм, сымаджэхэм икІи къыщхьэщыжын зимыІэ цІыхухэм. Абы нэмыщІ гъащІэм къыщыбгъэсэбэп хъун чэнджэщхэр абы къыдитащ. Ахэр фигу къэвгъэкІыж икІи абыхэм фыщытетым деж фи гъащІэм фІыкІэ зэрызихъуэжым фегупсыс (Мт. 5:1—11; 7:24—27).
12. Хьисэ теухуауэ щІэныгъэ зэвгъэгъуэтмэ, абы сытым фыхуигъэушыну?
12 Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэм фызэрегупсысыр къывдэІэпыкъунущ ар нэхъыфІыжу флъагъуну. А къурмэныпхъэм и фІыгъэкІэ Алыхьым фи гуэныхьхэр къыфхуигъэгъуну Іэмал фиІэщ (Мт. 20:28). Хьисэ хьэзыру и гъащІэр фэр щхьэкІэ зэритар къывгурыІуа иужь, абы фыхуигъэушынущ фи гуэныхьхэм фыхущІегъуэжыну икІи Иеговэ фи гуэныхьхэр къыфхуигъэгъун щхьэкІэ къару ефхьэлІэну (Апост. 3:19, 20; 1 Ин. 1:9). Хьисэрэ Иеговэрэ фІыуэ флъагъуу щытмэ, ахэр фІыуэ зылъагъухэм фахэтыну фыхуеинущ.
13. Иеговэ сыт хуэдэ Іэмал къывитар?
13 Иеговэ и унагъуэр фІыуэ флъагъуу зевгъасэ. Иеговэ хуэмылажьэ цІыхухэм, псалъэм папщІэ фи ныбжьэгъуу щытахэмрэ фи унагъуэм щыщхэмрэ къагурыІуэу къыщІэкІынкъым фи гъащІэр абы и ІэмыщІэ ифлъхьэну мурад щІэфщІар. Ахэр фэ къыфпэщІэувэнкІэ хъунущ. Ауэ Иеговэ фыкъигъанэкъым, абы Іэмал къывитащ езым и унагъуэм щыщ фыхъуну. Зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэмрэ фэрэ фи зэхуаку зэхущытыкІэфІ зэрыдэлъыным фыхущІэкъумэ, фызыхуэныкъуэ лъагъуныгъэмрэ дэІэпыкъуэгъумрэ абыхэм къыватынущ (Мк. 10:29, 30; Евр. 10:24, 25). Зэман дэкІмэ, фи Іыхьлыхэри Иеговэ и Щыхьэт хъууэ, абы и хабзэхэм тету псэууэ щІадзэнкІэ хъунущ (1 Пет. 2:12).
14. 1 Иуан 5:3 ит псалъэхэр зэрыпэжыр фэ дапхуэдэу зэрызыхэфщІар?
14 Иеговэ и хабзэхэм пщІэ хуэфщІу икІи абыхэм фытету фыпсэууэ зевгъасэ. Иеговэ къэфцІыхун ипэ фэ езым пэжу къэфлъытэм фытету фыпсэууэ къыщІэкІынт, ауэ иджы фэ къывгуроІуэ Алыхьым и хабзэхэм утету упсэуныр псом нэхърэ зэрынэхъыфІыр (Пс. 1:1—3; къеджэ 1 Иуан 5:3). Фегупсысыт зэщхьэгъусэхэм, адэ-анэхэм икІи бынхэм хуэгъэзауэ Библием ит чэнджэщхэм (Еф. 5:22—6:4). А чэнджэщхэр къэвгъэсэбэпу щІэвдза иужь фи унагъуэр нэхъ насыпыфІэ хъуа? Іущагъ хэлъу ныбжьэгъухэр къызэрыхэхын хуейм теухуауэ Иеговэ къыдит чэнджэщхэр къыщывгъэсэбэпам фэ фІыкІэ зыфхъуэжа? Нэхъ насыпыфІэ фыхъуа? (Прит. 13:20; 1 Кор. 15:33). Мы упщІэхэм «нтІэ» жыфІэу жэуап ефтыну къыщІэкІынщ.
15. Библием ит принципхэр къэвгъэсэбэпыну сыт къывдэІэпыкъунур?
15 Иныкъуэхэм деж Библием ит принципхэр фи гъащІэм къызэрыщывгъэсэбэпынур къывгурымыІуэнкІэ хъунущ. Ар Иеговэ ещІэ икІи «фІымрэ емрэ» зэхэвгъэкІыну къывдэІэпыкъун щхьэкІэ и организацэр къигъэсэбэпу Библием тегъэщІа тхыгъэхэр, видеороликхэр икІи интернетым къралъхьэ тхыгъэхэр къывет (Евр. 5:13, 14). А материалхэр щывджым деж, фэ къэфлъэгъунущ абыхэм сэбэпынагъ зэрыхэлъыр икІи фи гъащІэм и сыт хуэдэ лъэныкъуэхэм къыщывгъэсэбэп хъунуми къывгурыІуэнущ, а псом фыхуигъэушыну къыщІэкІынщ Иеговэ и организацэм щыщ фыхъуну.
16. Дапхуэдэу Иеговэ и организацэр зэрызригъэпэщар?
16 Иеговэ и организацэр фІыуэ флъагъуу икІи и Іуэхухэр дэфІыгъыу зевгъасэ. Иеговэ и лэжьакІуэхэр зэхуишэсри зэхуэс-зэхуэсурэ игуэшащ икІи и Къуэ, Хьисэ Мэссихь а зэхуэсхэм я нэхъыжьу тригъэуващ (Еф. 1:22; 5:23). Хьисэ ди зэманым екІуэкІын хуейуэ лэжьыгъэ жыхуиІар уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм щыщ зы гуп цІыкІум — «зэхэщІыкІ иІэрэ, зыщыгугъ хъун унэІутым» — игъэзэщІэну къалэн иритащ. А гупым хыхьэ къуэшхэм я къалэныр егугъуу ягъэзащІэ. Ахэр къывдоІэпыкъу Алыхьым нэхъ гъунэгъу фыхуэхъуну икІи Иеговэрэ фэрэ фи зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэм зыри зэран хуэмыхъуну (Мт. 24:45—47). ЗэхэщІыкІ зиІэ унэІутыр къызэрывдэІэпыкъур къыхощ, псалъэм папщІэ фыкъэзыхъумэ икІи чэнджэщ къывэзыт нэхъыжьхэр зэхуэсхэм зэрыхэтым (Ис. 32:1, 2; Евр. 13:17; 1 Пет. 5:2, 3). Зэхуэсым и нэхъыжьхэм хузэфІэкІыр ящІэ гупсэхугъуэ фиІэн икІи Иеговэ ныбжьэгъу фыхуэхъун щхьэкІэ. Ауэ псом нэхъапэр Иеговэ теухуауэ нэгъуэщІхэм яжефІэну ахэр къызэрывдэІэпыкъуращ (Еф. 4:11—13).
17. Рим 10:10, 13, 14 зэритымкІэ, сыт дэ нэгъуэщІхэм Иеговэ теухуауэ щІажетІэр?
17 НэгъуэщІхэм фадэІэпыкъу Иеговэ фІыуэ ялъагъуну. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм унафэ яхуищІат нэгъуэщІхэм Иеговэ теухуауэ жраІэну (Мт. 28:19, 20). ДауикІ, фэ а лэжьыгъэр вгъэзэщІэну къыщІэкІынщ ар фи къалэну зэрыщытым щхьэкІэ. Ауэ Иеговэ хувиІэ лъагъуныгъэр хэхъуэхукІэ апостол Петррэ Иуанрэ яІа гурыщІэхэм хуэдэ фэри фиІэнущ. Абыхэм жаІащ: «Дэ Іуэхуу тлъэгъуамрэ зэхэтхамрэ дымыІуэтэжу хъунукъым» (Апост. 4:20). ЦІыхум Иеговэ фІыуэ илъагъуну ущыдэІэпыкъум деж, абы къыуит гуфІэгъуэм хуэдэ къозытын Іуэхугъуэ куэд щыІэкъым. Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт Филипп гуфІэгъуэу иІар Ефиопие къэралым щыщ лІым пэжыр къищІэу, псым зыщІигъэуэну щыдэІэпыкъуам щыгъуэ! Филипп щапхъэ тефхмэ икІи хъыбарыфІ гъэІуным дыхэтыну Хьисэ къыдита унафэм фытетмэ, Иеговэ и Щыхьэт фыхъуну фызэрыхуейр вгъэлъэгъуэнущ. (Къеджэ Рим 10:10, 13, 14.) Абы щыгъуэ фэри Ефиопие къэралым щыщ лІым хуэдэу жыфІэну къыщІэкІынщ: «Сыт сэ зэран къысхуэхъур псым зыщІэзгъэуэну?» (Апост. 8:36, ДЩІ).
18. КъыкІэлъыкІуэ статьям сыт щызэпкърытхынур?
18 Псым зыщІэгъэуэныр — фи гъащІэм псом нэхърэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ лъэбакъуэщ. Аращи, мыпхуэдэ упщІэхэм фІыуэ фегупсыс: псым зыщІэгъэуэным теухуауэ сыт сэ сщІэн хуейр? Сыт хуэдэ лъэбакъуэхэр счын хуей псым зыщІэзгъэуэн ипэ? Псым зыщІэзгъэуа иужь сыт сщІэн хуейр? Мы упщІэхэр къыкІэлъыкІуэ статьям щызэпкърытхынщ.
2-НЭ УЭРЭДЫР Уэ уи цІэр — Иеговэщ
a Языныкъуэ цІыхухэм Иеговэ фІыуэ ялъагъу, ауэ псым зыщІагъауэу Иеговэ и Щыхьэт хъуну мыхьэзыру ябж. Фэри апхуэдэу фегупсысмэ, а мыхьэнэшхуэ зиІэ лъэбакъуэр фчыну къывдэІэпыкъуну чэнджэщхэр мы статьям къыщывгъуэтынущ.
b НэгъуэщІ щапхъэхэр къыщывгъуэтыфынущ мыпхуэдэ брошюрэхэм: «Была ли жизнь создана?», абы нэмыщІ «У истоков жизни. Пять вопросов, которые требуют ответа».
c СУРЭТЫР. Ди шыпхъум бэзэрым щылажьэ хъыджэбзым буклет ирет.