АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР
«Иеговэ уэ куэдкІэ нэхъыбэ къыуитыфынущ»
Алыхьым и бийхэм езэуэн щхьэкІэ Амацие Иудэм зауэлІхэр къыщищтащ (2Лт 25:5, 6).
Алыхьым и цІыхум Амацие жриІащ Иудэм къыщищта зауэлІхэр иутІыпщыжыну (2Лт 25:7, 8; it-U «Иоас», № 8, абз. 3).
ЗауэлІхэм тригъэкІуэдам нэхърэ нэхъыбэ Иеговэ Амацие иритыжыфынут (2Лт 25:9, 10).
ЗЭУПЩІЫЖ: «Иеговэ нэхъыбэу сыхуэлэжьэфын щхьэкІэ сытым зыхуэзгъэныкъуэфыну? Абы щхьэкІэ Иеговэ сыт хуэдэ фІыгъуэ къысхуищІэжынур?» (Мл 3:10; w21.08 30, абз. 16).