ДИ ГЪАЩІЭР
ФокІадэ мазэм екІуэкІыну кампание хэхар. ЦІыхум и гъусэу Библие джын щІыдодзэ
ФокІадэ мазэм дэ хъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ къарууэ диІэр етхьэлІэнущ «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуиІэ брошюрэмкІэ цІыхухэм я гъусэу Библие джын щІэддзэн щхьэкІэ. А мазэм сыхьэт 30 бгъэзащІэу подсобнэ пионеру улэжьэфынущ. А кампание хэхар дапхуэдэу зэрекІуэкІынур?
ЦІыхум япэу ущепсалъэм деж. Библиер фІэгъэщІэгъуэн хъун щхьэкІэ брошюрэм и иужьрей напэкІуэцІым итым егъэплъи, Библие джыныр зэрекІуэкІыр егъэлъагъу. Библием теухуауэ япэм узэпсэлъахэмрэ зытебгъэзэжыну узыгурыІуахэмрэ зыщомыгъэгъупщэ. Япэм щыгъуэ абыхэм Библиер яджыну ямыдами, иджы ди бгъэдыхьэкІэр зэрытхъуэжамрэ ди брошюрэщІэмрэ ягу ирихьынкІэ хъунущ. Унэм щІэсу умыгъуэтахэм брошюрэр къыхуэбгъэнэн хуейкъым икІи а брошюрэр зыфІэгъэщІэгъуэн мыхъуахэм письмокІэ хуебгъэхьын хуейкъым. Зэхуэсым и служебнэ комитетым а мазэм хъыбарыфІ гъэІуным теухуа зэІущІэ кІэщІ нэхъыбэ иригъэкІуэкІынкІэ хъунущ.
Иджыри къэдгъэсэбэп хъуну Іэмалхэр. Фи зэхуэсым ди тхыгъэхэр зыдалъхьэ стенд къигъэсэбэпмэ, «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуиІэ брошюрэр дэлъхьэ. А брошюрэр зыфІэгъэщІэгъуэн хъуахэм Библиер пщІэншэу зэрыбдж курс абы зэрыщІыгъур жеІэ. Библие джыныр зэрекІуэкІыр абдеж кІэщІу щегъэлъагъу е иужькІэ ебгъэлъэгъуну гурыІуэ. ЦІыхухэр щылажьэ щІыпІэхэм Библие зыджыну хуейхэр къыщалъыхъуэн щхьэкІэ, хъыбарыфІ гъэІуным кІэлъыплъ къуэшым а щІыпІэхэм хъыбарыфІыр щызыгъэІун къуэш, шыпхъухэм гурыІуэ хъунущ. Абыхэм а лэжьыгъэм фІыуэ хащІыкІыу щытын хуейщ. Абы нэмыщІ уэ къыбдэлажьэхэр икІи неформальнэу хъыбарыфІыр зыжепІэ цІыхухэр Библие джын щІадзэну хуэбгъэуш хъунущ.
Хьисэ дэ къалэн къытхуищІащ цІыхухэр и гъуэгу къытедгъэхьэну икІи абы и унафэхэр ягъэзащІэу едгъэсэну (Мт 28:19, 20) Мы кампание хэхам а лэжьыгъэр нэгъэсауэ дгъэзэщІэну дыхуейщ икІи дэ абыкІэ «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуиІэ брошюрэр къыддэІэпыкъунущ.