ДИ ГЪАЩІЭР
«ФІылъагъуныгъэм... зыкъыфІэщІыжыркъым»
Лъагъуныгъэр дэ къыддоІэпыкъу Іэдэбагъ зыхэдгъэлъыну (1Кр 13:4). Дэ къуэш, шыпхъухэр нэгъэсауэ фІыуэ тлъагъумэ, абыхэм нэхърэ дынэхъыфІу къэтлъытэнукъым. Дэ абыхэм фІы яхэлъыр долъагъу икІи зэрытхузэфІэкІкІэ дазэрыдэІэпыкъуным дыхущІокъу (Фп 2:3, 4). Апхуэдэ лъагъуныгъэ нэхъ дгъэлъэгъуэху Иеговэ и мурадыр игъэзэщІэн щхьэкІэ нэхъыбэу дыкъигъэсэбэпынущ.
«ПОМНИТЕ, ЧТО ИСТИННАЯ ЛЮБОВЬ НЕ ГОРДИТСЯ» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОМ ЕПЛЪИ, УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Авессалом адрейхэм сыткІэ къащхьэщыкІрэт?
Абы и зэфІэкІхэр дапхуэдэут къызэригъэсэбэпыр?
ДыкъызыфІэмыщІыжыну сыт къыддэІэпыкъунур? (Гл 5:26).