АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР
Уемыгупсысауэ япэу уи щхьэм къихьэр пщІэну уи хьэл?
КъыздэІэпыкъу жиІэу Даут Навал щелъэІуам абы Даутрэ и цІыхухэмрэ хуэмыфащэ куэд ярипэсащ (1См 25:7—11; ia-U 78, абз. 10—12).
Япэ дыдэу Даут и щхьэм къэкІар — зы цІыхупсэ къэмынэу, Навал и унэм щІэс цІыхухъухэр зэтриукІэнырат (1См 25:13, 21, 22).
Авигея Даут къигъэувыІащ лъы имыгъэжэну (1См 25:25, 26, 32, 33; ia-U 80, абз. 18).
ЗЭУПЩІЫЖ: «Сыкъыщыгубжьам е сыщыдэхуэхам деж япэу си щхьэм къихьар сщІэну си хьэл? Семыгупсысауэ сыщахуэрэ? Хьэмэрэ зыгуэр сщІэн ипэ сыкъэувыІэу абы кърикІуэным сегупсысрэ?» (Пр 15:28; 22:3, Гъэсэпэтхыдэхэр).