ХРИСТИАНСКАЯ ЖИЗНЬ
Зи пэжыпІэр умыщІэ хъыбархэр умыгъэбагъуэ
Ди зэманым хъыбар гуэрым газетхэмкІэ, радиомкІэ, телевидениемкІэ икІи интернетымкІэ напІэзыпІэм дуней псом зыщиубгъуфынущ. Пэжыгъэм и Алыхьым хуэлажьэхэм пцІы ягъэбэгъуэну хуейкъым, ар пцІыуэ зэрыщытыр ямыщІами (Пс 31:5; Исх 23:1). Зи пэжыпІэр умыщІэ хъыбарыр бгъэбагъуэу щытмэ, абы зэранышхуэ къихьыфынущ. А хъыбарым и пэжыпІэр зэхэбгъэкІын щхьэкІэ мы упщІэхэмкІэ зэупщІыж:
«А хъыбарыр къыздикІам дзыхь хуэсщІ хъуну?» А хъыбарыр къызжезыІэжа цІыхум а Іуэхур къызэрекІуэкІар нэгъэсауэ имыщІэнкІэ хъунущ. Зы хъыбар гуэр ІуэрыІуатэу къыщрахьэкІым деж абы Іэмал имыІэу зэхъуэкІыныгъэ къыхыхьэнущ. Абы къыхэкІкІэ а хъыбарыр къызыбгъэдэкІыр ар зылъэгъуа е абы фІыуэ щыгъуазэ цІыхуу щымытмэ, дэ абы дыхуэсакъын хуейщ. Псом хуэмыдэу зэхуэсым пщІэ зыпылъ къалэнхэр щызыгъэзащІэ къуэшхэр сакъын хуейщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэм абыхэм жаІэм дзыхь хуащІ.
«А хъыбарым цІыху гуэрым и цІэр имыгъэулъийуэ пІэрэ?» А хъыбарым цІыху гуэрым и цІэр игъэулъийуэ щытмэ, ар умыгъэбагъуэмэ нэхъыфІщ (Пр 18:8; Фп 4:8).
«А хъыбарыр пэжым ещхь?» Егъэлеяуэ гъэщІэгъуэн хъыбархэр занщІэу уи фІэщ умыщІ.
«ЦІЫХУХЭМ Я ЗЭРАН КЪЫЗЭРЫКІЫФЫНУ ХЪЫБАРХЭР ДАУЭ КЪЫЗЭРЫБГЪЭУВЫІЭ ХЪУНУР?» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОРОЛИКЫМ ЕПЛЪИ, КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Притчи 12:18 (Гъэсэпэтхыдэхэр) зэритымкІэ, псалъэхэм сыт хуэдэ къару яІэ?
Дэ нэгъуэщІхэм я гугъу щытщІым деж Филиппи 2:4 ит принципыр дауэ къыддэІэпыкъуфыну?
ЦІыхухэр нэгъуэщІхэм Іей хужаІэу е ауан хэлъу тепсэлъыхьу щыщІадзэм деж сыт дэ тщІэн хуейр?
НэгъуэщІ цІыхум утепсэлъыхьын ипэ сыткІэ узэрызэупщІыжын хуейр?