ДИ ГЪАЩІЭР
ХъыбарыфІыр нэхъыфІу дгъэІуу зыдогъасэ. Зи нэр нэфхэм хъыбарыфІымкІэ дазэрыдэгуашэ хъуныр
АБЫ МЫХЬЭНЭШХУЭ ЩІИІЭР: Зи нэр нэфхэм ямыцІыхухэм епсэлъэну дзыхь хуащІкъым. Абы къыхэкІкІэ Библием теухуауэ абыхэм уепсэлъэн щхьэкІэ бгъэдыхьэкІэ къахуэбгъуэтын хуейщ. Иеговэ апхуэдэ цІыхухэм лъагъуныгъэ хэлъу зэрыхущытыр и хабзэхэм къыхощ (Лв 19:14). Дэри ди Адэ лъапІэм щапхъэ тетхыу абыхэм дадэІэпыкъуфынущ Алыхьым гъунэгъу зыхуащІыну.
АР ЗЭРЫПЩІ ХЪУНЫР:
Зи нэр нэфхэр къэлъыхъуэ (Мт 10:11). Апхуэдэ цІыху зи унагъуэ исхэр пцІыхуу пІэрэ уэ? Зи нэр нэфхэр щрагъаджэ школ е зи ныбжь хэкІуэта цІыхухэр щызрахьэж унэ фи щІыпІэм щыІэу пІэрэ?
Уи гум къыбгъэдэкІыу цІыхухэм гулъытэ яхуэщІ. Уэ нэфІэгуфІэу, гуапэу узэрыщытым апхуэдэ цІыхур къодэІуэну хуигъэушынкІэ хъунущ. Уи щІыпІэм щыпсэу цІыхухэм яфІэгъэщІэгъуэн хъуну темэхэм утепсэлъыхьыну хущІэкъу.
Зи нэр нэфхэм Иеговэ къацІыхуну дэІэпыкъу. Нэфхэмрэ зи нэхэм фІыуэ зымылъагъухэмрэ щхьэкІэ ди организацэм формат куэдкІэ публикациехэр къыдегъэкІ. Заказ щащІым деж служебнэ надзирателыр кІэлъыплъын хуейщ апхуэдэ цІыхухэм нэхъ къащтэ форматыр бланкым зэрыратхэм. Зэхуэсым и нэхъыжьхэр кІэлъыплъын хуейщ апхуэдэ цІыхухэм ди сайтым ит публикацие псори къаІэрыхьэрэ къаІэрымыхьэрэ.