АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | 2 КОРИНФ 11—13
Паул «банэм хуэдэу къыхэуэу» гугъуехь гуэр иІэт
12:7—10
Библием «банэ» жыхуиІэ псалъэр щІагъыбзэ хэлъу щІэх-щІэхыурэ къегъэсэбэп. Ар зэран къыпхуэхъу, гугъуехь гуэрхэр къызыбгъэдэкІ цІыхухэрауэ е узыгъэгузавэ Іуэхугъуэ гуэру щытынкІэ хъунущ (Чс 33:55; Пр 22:5; Иез 28:24). Паул «банэм хуэдэу къыхэуэу» гугъу езыгъэхьу щытахэр — апостол нэпцІхэмрэ Паул апостолу зэрыщытыр зи фІэщ мыхъуу, къедауэу икІи и къалэныр игъэзэщІэну зэран къыхуэхъуу щытахэрауэ къыщІэкІынущ. Мы едзыгъуэхэм къызэрагъэлъагъуэмкІэ, Паул и пкъым сыт иджыри «банэ» хуэхъуауэ къыщІэкІынур?
Гл 4:14, 15
Гл 6:11
Сыт уэ уи пкъым «банэ» хуэдэу хуэхъур?
А гугъуехьым упэлъэщыну Иеговэ къыбдэІэпыкъун щхьэкІэ сыт уэ пщІэн хуейр?