АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | МАТТЭ 20, 21
«Фэ фщыщ япэ итыну хуеймэ, ар пщылІ къыфхурехъу»
Пагэу щыта торэт егъэджакІуэ пашэхэмрэ фарисейхэмрэ цІыху зэхыхьэпІэхэм кІуэурэ, пщІэ лей зыщыхурагъэщІын яфІэфІт
Пагэу щыта торэт егъэджакІуэ пашэхэмрэ фарисейхэмрэ цІыхухэм пщІэ лей къыхуащІыну, ягъэлъэпІэну хуейхэт (Мт 23:5—7). Хьисэ абыхэм ещхьу щытакъым. Ар «къыщІэкІуар цІыхухэм я сэбэп зригъэкІын щхьэкІэкъым, атІэ езым и сэбэп цІыхухэм яригъэкІын... папщІэщ» (Мт 20:28). Иеговэ дызэрыхуэлажьэм пыщІа нэгъуэщІхэм гу зылъатэ лэжьыгъэхэм къытщытхъун щхьэкІэ нэхъыбэу дыхэтыну дыхущІэкъурэ? Иеговэ лъапІэу дыкъилъытэн щхьэкІэ, Хьисэ хуэдэу дэри цІыхухэм псэемыблэжу дадэІэпыкъун хуейщ. Апхуэдэ лэжьыгъэр и нэхъыбэм Иеговэ фІэкІ зыми илъагъукъым (Мт 6:1—4). Алыхьым и лэжьакІуэ Іэдэбагъ зыхэлъыр...
дыщызэхуэс Унэхэр щызэлъыІуахым икІи зыхуей щыхуагъазэм деж доІэпыкъу;
зи ныбжь хэкІуэтахэмрэ дэІэпыкъуэгъу хуэныкъуэхэмрэ дэІэпыкъуну хьэзырщ;
Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм пыщІа лэжьыгъэр кІуэтэн щхьэкІэ арэзыуэ ахъшэ ет;