Алыхьым и жыІэм дызэрыщІэтым дэ нэгъэсауэ насыпыфІэ дещІ
Алыхьым хуэжыІэдаІуэхэм тыгъэ къалъысынущ
Мусэ бегъымбар жиІат Алыхьым хуэжыІэдаІуэхэм тыгъэ къазэрылъысынур (Второзаконие 10:13; 11:27). Ауэ абы дедэІуэн щІыхуейр шынэм къыхэкІкІэкъым. Алыхьыр хуейщ дэ абы и хьэл-щэн дахэхэр къатщІэу, ар фІыуэ тлъагъуну. Абы дедэІуэну икІи и жагъуэ зыщІ Іуэхугъуэхэр дымыщІэну дыхуэзыгъэушыр лъагъуныгъэрауэ щытыну ар хуейщ. «Тхьэр фІыуэ тлъагъумэ, и унафэхэр дгъэзэщІэнущ»,— жеІэ Тхыгъэ ЛъапІэм (1 Иуан 5:3).
Алыхьым и жыІэм щІэтхэм дауэ тыгъэхэр къазэрылъысыр? ЩапхъитІ къэтхьынщ.
1. АЛЫХЬЫМ И ЖЫІЭМ ДЫЗЭРЫЩІЭТЫМ НЭХЪ ІУЩ ДЕЩІ
«ФІым ухуезыгъасэ икІи узрикІуэн хуей гъуэгур уэзыгъэлъагъу уи Алыхь Иеговэр сэращ» (ИСАИЯ 48:17).
ДыкъэзыгъэщІа Алыхь Иеговэ дэ фІыуэ дызэхещІыкІ икІи ди дежкІэ сытыр нэхъыфІми ещІэ. Іущагъ зыхэлъ унафэхэр тщІыну дыхуеймэ, Тхыгъэ ЛъапІэм зыхуригъаджэр къэтщІэн икІи къэтщІам дыдету дызэрыпсэуным иужь дитын хуейщ.
2. АЛЫХЬЫМ И ЖЫІЭМ ДЫЗЭРЫЩІЭТЫМ НАСЫПЫФІЭ ДЕЩІ
«Тхьэм и псалъэхэр зэхэзыхыу ахэр зыгъэзащІэхэр абы нэхърэ нэхъ махуэщ» (ЛУКА 11:28).
Нобэ Алыхьым и жыІэм щІэт цІыхухэр мелуан бжыгъэ мэхъу икІи ахэр насыпыфІэщ. Испанием щыщ цІыхухъум и щапхъэр къэтхьынщ. Ар хуабжьу тэмакъкІэщІт икІи и щхьэгъусэми адрей цІыхухэми егъэлеяуэ ткІийуэ яхущытт. Зэгуэр ар Мусэ итхыжа тхылъым къыщеджащ Екъуб и къуэ Исуф теухуауэ. Ар Іэдэбагъ зыхэлъ щІалэт. Исуф пщылІу ящащ икІи лажьэ имыІэу лъэхъуэщым ирадзащ. Ауэ абы и гум губжь ирилъхьакъым икІи илъ имыщІэжу, и жагъуэ къэзыщІахэм яхуигъэгъуфащ (ЩІэдзапІэ, 37—45 псалъащхьэхэр). Испанием щыщ цІыхухъум жеІэж: «Исуф и щапхъэм зысхъуэжыну сыхуигъэушащ икІи сэ нэхъ щабэ, нэхъ зэпІэзэрыт сыхъуащ. Иджы сэ сынасыпыфІэщ!»
Тхыгъэ ЛъапІэм иджыри итщ цІыхухэм фІыуэ дахущытыну къыддэІэпыкъу нэгъуэщІ щапхъэхэмрэ чэнджэщхэмрэ. КъыкІэлъыкІуэ статьяр абы нэхъ убгъуауэ топсэлъыхь.