ДИ ГЪАЩІЭР
НыбжьыщІэхэ, «куэбжэшхуэмкІэ икІи куэбжэ бгъуфІэмкІэ» фыдыхьэну Іэмал фиІэр къэвгъэсэбэп
Дэ сыт щыгъуи щІалэу дыщытыну икІи «зэман гугъухэр» (ДЩІ) — ШейтІаным и дунейм зи ныбжь хэкІуэтахэр зыхуэзэ гугъуехьхэр — къэмысыну дыщыгугъ хъунукъым (Эк 12:1). Сэ иджыри сыщІалэщи, Иеговэ сыхуэлэжьэн щхьэкІэ мурадхэр згъэувыну, псалъэм папщІэ пионеру сылэжьэну, зэман куэд сиІэщ жыпІэу уегупсысрэ уэ?
Дэтхэнэ зыри имызэману дэ дэмылъыта Іуэхугъуэ гуэрхэм дыпэщІэхуэфынущ, щІалэгъуалэри абы щыхъумакъым (Эк 9:11). «Пщэдей къэхъунур фщІэркъым», — жеІэ Библием (Екъуб 4:14). Абы къыхэкІкІэ Иеговэ нэхъыбэу ухуэлэжьэну уиІэ мурадыр ебгъэтІылъэкІ хъуну уимыгугъэ. «КуэбжэшхуэмкІэ икІи куэбжэ бгъуфІэмкІэ» дыхьэ, ар иджыри къызэІуха щІыкІэ, Иеговэ и лэжьыгъэр бгъэзэщІэн щхьэкІэ (1Кр 16:9). Уэ зэи ухущІегъуэжынукъым апхуэдэ лъэбакъуэ пчымэ.
Бгъэув хъуну мурадхэр:
НэгъуэщІыбзэкІэ хъыбарыфІыр бгъэІуну
Пионеру улэжьэну
Теократическэ школхэм ущеджэну
Теократическэ стройкэхэм ухэтыну
Вефилым ущылэжьэну
Районым и нэхъыжьу улэжьэну