ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • wp18 № 1 н. 12—13
  • 3. Къару къытхелъхьэ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • 3. Къару къытхелъхьэ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2018
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • УЗ ХЭТІЭСАР
  • УИ УНАГЪУЭМ ЩЫЩ ДУНЕЙМ ЕХЫЖАМЭ
  • ТхьэлъэІур уэ сыткІэ сэбэп къызэрыпхуэхъуфынур?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2021
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2018
wp18 № 1 н. 12—13
ЦІыхубзыр мэщыгъуэ; инвалиднэ коляскэм ис цІыхубзыр Библием ит хъыбарыфІым къодаІуэ

3. Къару къытхелъхьэ

Зыри сэбэп къыщытхуэмыхъужыфын Іуэхугъуэ дыпэщІэхуэфынущ. Псалъэм папщІэ, уи унагъуэм щыщ дунейм ехыжамэ е уз хэтІэса уиІэмэ, адэкІэ упсэуфу зебгъэсэну фІэкІа нэгъуэщІ зыри къыпхуэнэкъым. Апхуэдэ хэкІыпІэншэ Іуэхухэм Библиер къыбдэІэпыкъуфыну пІэрэ?

УЗ ХЭТІЭСАР

Римэ жеІэ: «Сэ узыфэ хьэлъэ къызоуз. Абы къыхэкІкІэ зэпымыууэ уз зыхызощІэ. КъасщІэу си узыншагъэм кІэричащ». Псом хуэмыдэу ар зыгъэгузавэр Библиер щиджкІэ е мыхьэнэ зиІэ нэгъуэщІ Іуэхухэр щигъэзащІэкІэ и акъылыр абы зэрыхутемыухуэрат. Ауэ Римэ къыдэІэпыкъуащ Маттэ 19:26 ит псалъэхэр: «Тхьэм хузэфІэмыкІын Іуэху зыри щыІэкъым». Римэ къыгурыІуащ укъызэреджэм нэмыщІ Тхыгъэ ЛъапІэр бджын щхьэкІэ нэгъуэщІ Іэмали зэрыщыІэр. И узыфэм къыхэкІкІэ еджэну къыщехьэлъэкІ щІэх-щІэхыурэ къэхъути, Библиемрэ абы тегъэщІа публикациехэмрэ едаІуэу щІидзащ. «Абыхэм седэІуэну Іэмал симыІэу щытамэ, сщІэтэкъым сщІэнур», — жеІэ абы.

Япэм ищІэу щытам хуэдиз иджыпсту зэрыхуэмыщІэм щхьэкІэ Римэ щынэщхъеим деж, 2 Коринф 8:12 ит псалъэхэм абы гупсэхугъуэ кърат: «ЦІыхур тэным хуэхьэзырмэ, итынур иІэм елъытащ, имыІэм елъытакъым Тхьэм а тыгъэр къабыл зэрищІыр». Мы псалъэхэм Римэ игу къагъэкІыж, хузэфІэкІ къимыгъанэу Алыхьым хуищІэр Абы лъапІэу зэрилъытэр.

УИ УНАГЪУЭМ ЩЫЩ ДУНЕЙМ ЕХЫЖАМЭ

Ипэм зи гугъу тщІа Асият игу къегъэкІыж: «Илъэс 18 хъу си пхъур щылІам, си гуауэр апхуэдизкІэ гуащІэти, адэкІэ сызэрыпсэунур сщІэтэкъым. Сэ къызгурыІуэт, япэм зэрыщытам хуэдэу зэи зыри зэрыщымытыжынур». Ауэ Асият Псалом 94:19 ит псалъэхэм гупсэхугъуэ къыщигъуэтащ: «Сызыгъэгузавэ гупсысэхэр къыщыстегуплІэм, къызэпт гупсэхугъуэм си гур фІы ищІт». Асият жеІэ: «Сэ Иеговэ селъэІут си гуауэр сщхьэщызыхын Іэмал гуэр къызигъэгъуэтыну».

Асият мурад ищІащ цІыхухэм нэхъыбэу ядэІэпыкъуну. Абы зырегъэщхь зэрытхэ мелым: мелыр къутами, уритхэ мэхъу. Зэзэмызэ Асият и лъэр щІэхуауэ щыта пэтми, ар нэгъуэщІхэм ядэІэпыкъуфт. Абы жеІэ: «Библием ит гупсысэхэмкІэ езгъаджэхэм гупсэхугъуэ ягъуэтыжыну сащыдэІэпыкъум деж, сэ езым гупсэхугъуэ зэрызгъуэтыжым гу лъыстащ». Зи Іыхьлы зыфІэкІуэдахэм щыщу Библием зи гугъу ищІ цІыхухэр Асият къритхыкІащ, абыхэм я гъащІэм теухуауэ нэхъыбэ къищІэн папщІэ. Абы жеІэ: «Абыхэм псоми Алыхьым тхьэлъэІукІэ щІэх-щІэхыурэ зыхуагъазэт. Абы нэмыщІ, сэ къызгурыІуащ Библиер къызэІуомыхмэ, жэуап зэромыгъуэтынур».

Библиер зэриджым и фІыгъэкІэ Асият зригъэсащ и щІыбагъкІэ зэмыплъэкІыжу ипэкІэ плъэну. Апостолхэм 24:15 ит псалъэхэм ар ягъэгушхуэ: «[ЛІахэр] Тхьэм къызэригъэтэджыжынум... сыщогугъ». Асият и пхъур Иеговэ къызэригъэтэджыжынур и фІэщ хъурэ? Абы жеІэ: «Сипхъу цІыкІур къэкІуэну зэманым зэрыслъэгъунур си нэгу къыщІызогъэхьэ. Дэ дыщызэхуэзэжыну махуэр Иеговэ и календарым иритхащ. Ди жыг хадэм зэгъусэу къызэрыщыткІухьыр слъагъу хуэдэщ. Си пхъур дунейм къыщытехьа махуэм ІэкІэ къасщтэу ар зэрыслъэгъуам хуэдэу, къэкІуэну зэманми сыхуэзэжу зэрыслъэгъунур си фІэщ мэхъу».

Зэман нэхъ гугъу дыдэми Тхыгъэ ЛъапІэм гупсэхугъуэ къыует

ДАУЭ АЛЫХЬЫР КЪЫЗЭРЫДДЭІЭПЫКЪУФЫНУР?

Библием гурыІуэгъуэу щыжыІащ: «Иеговэ къезыджэ псоми япэгъунэгъущ, пэжым тету къезыджэ псоми. Абы фІэлІыкІхэм я гухэлъхэр яхуищІэнущ, и дэІэпыкъуэгъум хуэныкъуэхэм я макъыр зэхихынущ икІи къригъэлынущ» (Псалом 145:18, 19). Сыту гупсэхугъуэ ар пщІэну! Ауэ дэІэпыкъуэгъу хуэныкъуэу, Алыхьым гурэ псэкІэ зыхуэзыгъазэхэм дауэ жэуап къазэрыритыр?

КЪАРУ КЪЫУЕТ

Гугъуехьхэм уи лъэр щІахыфынущ икІи къарууншэ дыдэ уащІыфынущ (Притчи 24:10). Ауэ Иеговэ «ешам къару ирет икІи къарууншэ хъуар быдэ ещІ» (Исаия 40:29). Гугъуехь куэд зи фэ дэкІа Апостол Паул жиІащ: «Ауэ мы мылъкушхуэр дэ, ятІагъуэм къыхэщІыкІа хьэкъущыкъухэм хуэдэхэм, ди гум илъ зэпытщ. Апхуэдэу щІэхъуар лъэкІыныгъэшхуэ зиІэр дэрмырауэ, атІэ Тхьэрауэ зэрыщытыр нахуэ хъун щхьэкІэщ» (2 Коринф 4:7). Алыхьым и къару лъапІэм щыщ Паул иритащ. Уэри Алыхьым и къару лъапІэр къыуитыну уелъэІу хъунущ (Лука 11:13).

ІУЩАГЪ КЪЫУЕТ

Библием ит чэнджэщыр къызэрыбгурымыІуэм къыхэкІкІэ ар уи гъащІэм къызэрыбгъэсэбэпыныр умыщІэмэ-щэ? Екъуб 1:5 щыжыІащ: «Ауэ фэ фщыщ гуэрым и акъылыфІагъэ хуримыкъумэ, Тхьэм ирелъэІу, абы акъылыфІагъэ къритынущ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ зыри имыгъэкъуаншэу, и гуапэу Тхьэм цІыху псоми фІы яхуещІэ». Ауэ уэ Алыхьым къару къыуитыну узэрелъэІум нэмыщІ, Библием уеджэн икІи абы итым тету упсэун хуейщ (Екъуб 1:23—25). Библием ит чэнджэщхэр уи гъащІэм къыщыбгъэсэбэпу щытмэ, уэ плъэгъунущ абыхэм уи сэбэпынагъ зэрыхэлъыр.

МАМЫРЫГЪЭ КЪЫУЕТ

Узыгъэгузавэ гупсысэхэр къыщыптекІуэм деж, Иеговэ уи гум мамырыгъэ кърильхьэфынущ. Библием щыжыІащ: «Зыми фремыгъэгузавэ, ауэ сыт ищІыс Іуэхуми щхьэкІэ Тхьэм фелъэІуурэ, щІыхь хуэфщІурэ, фи дэІэпыкъуэгъу хъуну фелъэІуурэ, фызыхуэныкъуэр евгъащІэ. Тхьэм къыбгъэдэкІ гузэгъэгъуэу цІыхухэм къагурыІуэфынум нэхърэ куэдкІэ нэхъ иным, фигури фи гупсысэхэри, Мэссихь Хьисэ фи псэм зэрыщыщым щхьэкІэ, къихъумэнущ итІанэ» (Филиппи 4:6, 7). Уэри апхуэдэ мамырыгъэ уи гум кърилъхьэну Иеговэ елъэІу.

Ауэ уи гугъуехьхэр кІыхь-лІыхь хъуамэ-щэ? Уимыгугъэ уэ Алыхьым ущыгъупщауэ. Уи Іэхум зимыхъуэжу щытми, абы узэрыпэлъэщын лІыгъэрэ къарурэ Алыхьым къыуитыфынущ (1 Коринф 10:13). Библием иджыри дыкъегугъэ ди гугъуехь псори щыщымыІэжын зэман къэхъуну.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын