71 УЭРЭДЫР
Дэ Иеговэ дризауэлІщ!
1. ДризауэлІщ Иеговэ
Хьисэ Пашэу щытщ.
Бзаджэу бийр къытпэщІэтми,
Дызэкъуэтщ, демыхуэх.
Тхэлъщ тегушхуэныгъэ дэ,
ХъыбарыфІ догъэІу.
ЛІыгъэ ди гум илъмэ,
Псори тхуэшэчынщ.
ЕЖЬУ
ДризауэлІщ Иеговэ
Хьисэ Пашэу щытщ.
Псоми яжыдоІэ:
«Хьисэ хъуащ Пащтыхь!»
2. ДризауэлІщ Иеговэ
ХъыбарыфІ худохь
Гуауэр зылъэІэсахэм,
Дэхуэхам, цІыху ешам.
Тхьэм и псалъэр жетІэурэ,
Я гур дгъэтыншынщ,
Ди зэІущІэм ахэр
Дэ къедгъэблэгъэнщ.
ЕЖЬУ
ДризауэлІщ Иеговэ
Хьисэ Пашэу щытщ.
Псоми яжыдоІэ:
«Хьисэ хъуащ Пащтыхь!»
3. ДризауэлІщ Иеговэ
Ди лъэр быдэу щытщ.
Зауэм дыхуэхьэзыру
ДещІ зэкъуэт и къарум
Тхьэм и Іэщэ-фащэр тщыгъщ,
Хуабжьу дысакъынщ.
ГъэунэхуапІэ дихуэм,
Пэжым дытетынщ.
ЕЖЬУ
ДризауэлІщ Иеговэ
Хьисэ Пашэу щытщ.
Псоми яжыдоІэ:
«Хьисэ хъуащ Пащтыхь!»
(Абы нэмыщІ феплъ Флп. 1:7; Флм. 2.)