3 РАЗДЕЛЫР • АПОСТОЛХЭМ 10:1—12:25
«Хамэ лъэпкъхэм щыщхэми Тхьэм и псалъэхэр» ящтащ
Журт лъэпкъым къыхэкІа Хьисэ и гъэсэнхэр сунэт езымыгъэщІахэм хъыбарыфІымкІэ ядэгуэшэну пІэрэ? Иеговэ абыхэм ядэІэпыкъуащ лъэпкъ зэхэгъэж ямыщІу зрагъэсэну. Абы и фІыгъэкІэ хъыбарыфІ гъэІун лэжьыгъэр псынщІэу кІуатэрт икІи лъэпкъ зэмылІэужьыгъуэхэм щыщ цІыхухэм Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуауэ зэхахыну Іэмал яІэт. А Іуэхугъуэхэм теухуауэ мы разделым нэхъыбэ къыщытщІэнущ.