ФщІэжу пІэрэ?
Мы гъэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналхэм набдзэгубдзаплъэу феджа? КъыкІэлъыкІуэ упщІэхэм жэуап ефтыфыну пІэрэ?
ЦІыхубзхэм узэрыхущытыным теухуауэ сыт хуэдэ щапхъэ Иеговэ дигъэлъагъур?
Иеговэ цІыхухъухэми цІыхубзхэми зэхуэдэу хущытщ икІи цІыхухъухэр нэхъыфІу къилъытэкъым. Иеговэ цІыхубзхэм жаІэм щІодэІу икІи я гурыщІэхэмрэ я гукъеуэхэмрэ къыфІэмыІуэхуу щыткъым (w24.01, 15—16 напэкІуэцІхэр).
Ефес 5:7 ит «Апхуэдэ цІыхухэм гъусэ фахуэмыхъу» жыхуиІэ принципыр ди гъащІэм дапхуэдэу къызэрыщыдгъэсэбэп хъунур?
Апостол Паул жиІат Алыхьыр фІыуэ зымылъагъухэр бгъэныбжьэгъуным шынагъэ зэрыпылъыр, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Алыхьым и лэжьакІуэм дежкІэ нэхъ гугъу хъунущ Библием ит хабзэхэм тетыну. А принципыр зыхуэхьар цІыхухэм уахуэзэу ущепсалъэ къудейракъым, атІэ соцсетьхэмкІэ ущызэпсалъэм дежи хуэхьащ (w24.03, 22—23 напэкІуэцІхэр).
Хъыбар нэпцІхэм дапхуэдэу пэІэщІэ зэрызыхуэпщІынур?
Дэ дысакъыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Хъыбар нэпцІхэр дэ Іэмал зэмылІэужьыгъуэкІэ къытІэрыхьэфынущ. Псалъэм папщІэ, къуэш, шыпхъухэм и пэжыпІэр зэхамыгъэкІауэ хъыбар гуэр къыпІэрагъэхьэфынущ. Абы нэмыщІ электроннэ почтэмкІэ апхуэдэ хъыбар зэрыт письмо къыпхурагъэхьыфынущ е хъыбарыфІыр щыбгъэІукІэ Алыхьым епцІыжа гуэрым ухуэзэу, абы пэжыр и фІэгъэщІэгъуэн хуэдэу зищІыфынущ (w24.04, 12 напэкІуэцІыр).
Псыдзэшхуэм хэкІуэдахэм, Содомрэ Іаморэрэ дэсахэм, абы нэмыщІ пащтыхь Сэлмэн теухуауэ сыт хуэдэ унафэ Иеговэ ищІынуми сыт дэ тщІэр икІи сыт дымыщІэр?
Дэ тхужыІэнукъым Иеговэ ахэр лІахэм къахимыгъэтэджыкІыжыну. Ауэ дэ дощІэ гущІэгъушхуэ зыхэлъ ди Алыхьым унафэ щищІкІэ Іуэхум и сыт хуэдэ лъэныкъуэми гу зэрылъитэнур (w24.05, 3—4 напэкІуэцІхэр).
Библием Иеговэ къырым щІригъэщхьыр сыт? (Втор. 32:4).
Иеговэ хъумапІэ тхуэхъуфынущ. Ар дзыхь зыхуэпщІ хъун Алыхьщ, абы дыкъызэригъэгугъауэ хъуари игъэзэщІэжынущ. Иеговэ зихъуэжкъым, нэгъуэщІу жыпІэмэ абы и хьэл-щэнхэми и мурадхэми захъуэжкъым (w24.06, 26—28 напэкІуэцІхэр).
ЗэхуэсыщІэм уесэну сыт къыбдэІэпыкъунур?
Иеговэ щыгугъ. Ар япэми и лэжьакІуэхэм дэІэпыкъуу щытащ, уэри къыбдэІэпыкъунущ. УздэкІуэу щыта зэхуэсымрэ зэхуэсыщІэмрэ зумыгъапщэ. НыбжьэгъущІэхэр къэгъуэт икІи зэхуэсыщІэм и Іуэхухэм гукъэкІ уиІэу хэт (w24.07, 26—28 напэкІуэцІхэр).
Маттэ 25 псалъащхьэм ит ущие хъыбарищым сыт хуэдэ дерсхэр хэтхыфыну?
Мэлхэмрэ бжэнхэмрэ теухуа ущие хъыбарым къегъэлъагъуэ дэ Алыхьым пэжу дыкъызэрыхуэнэн хуейр. Іущу щыта хъыджэбзитхумрэ Іущагъ зыхэмылъа хъыджэбзитхумрэ теухуа ущие хъыбарым къыхощ хьэзыру ущытыным икІи умыбэлэрыгъыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр. Талантхэм теухуа ущие хъыбарым дыхуегъэуш Алыхьым псэемыблэжу дыхуэлэжьэну (w24.09, 20—24 напэкІуэцІхэр).
Сэлмэн ищІа Алыхьым и унэшхуэм къыпыщІыхьа щІыхьэпІэм дапхуэдизт и лъагагъыр?
Ижь зэманым щыІа Іэрытххэм 2 Летопись 3:4 итщ щІыхьэпІэм и лъагагъыр «ІэфракІэу 120» хъууэ (е метр 53). Дзыхь зыхуэпщІ хъуну нэгъуэщІ Іэрытххэм а едзыгъуэм щыжыІащ ар «ІэфракІэу 20» хъууэ (е метр 9). Иеговэ и унэшхуэм и блыным и Іувагъым тепщІыхьмэ, иужьрей бжыгъэр нэхъ хуэкІуэ хуэдэщ (w24.10, 31 напэкІуэцІыр).
Зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъум зы фыз фІэкІ имыІэным сыт къикІыр? (1 Тим. 3:12).
Абы зы щхьэгъусэщ иІэн хуейр икІи зинэ щІэным пэІэщІэ зыхуищІын хуейщ. Абы нэмыщІ нэгъуэщІ цІыхубзхэм гулъытэ лей яхуищІын хуейкъым (w24.11, 19 напэкІуэцІыр).
Иуан 6:53 итыр Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм емыпхауэ сыт жыпІэ щІэхъунур?
Иуан 6:53 щыжыІащ цІыхухэм Хьисэ и пкъыр яшхын икІи и лъыр ирафын хуейуэ. Хьисэ ар щыжиІар Галилей хэкум щыІэу ди эрэм 32 гъэращ. Ар зыхуэгъэзар ХьисэкІэ фІэщхъуныгъэ зэзыгъэгъуэтын хуей журтхэрат. Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэр Хьисэ щызэтриухуар Ерусалим къалэращ, хуэгъэфэщауэ илъэс дэкІа иужьщ. А Пщыхьэщхьэшхэм Хьисэ и гъусэу апостол 11 щыІащ (w24.12, 10—11 напэкІуэцІхэр).