ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w24 Июнь н. 19
  • Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2024
  • Мыбы ещхь материал
  • Иеговэ и лъэпкъыр Алыхьым пэжу хуэлэжьэным хуопабгъэ
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2016
  • «ЦІыху Іэдэбхэм щІыр щІэину ялъысынущ»
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2018
  • Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2024
w24 Июнь н. 19

Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр

Псалом 12:7 щыжыІащ: «Уэ ахэр къэпхъумэнущ». Мы едзыгъуэм хэт е сыт зи гугъу ищІыр: «насыпыншэхэра» (5-нэ едзыгъуэ) хьэмэрэ «Иеговэ и псалъэхэра» (6-нэ едзыгъуэ)?

Контекстым ухэплъэмэ къыбгуроІуэ мы едзыгъуэм зи гугъу ищІыр цІыхухэрауэ зэрыщытыр.

Псалом 12:1—4 дыкъыщоджэ дзыхь зыхуэпщІ хъун цІыху къызэрымынэжар. АдэкІэ 5 едзыгъуэм щыщІэдзауэ 7 нэс итщ:

«Насыпыншэхэм лей къытрагъэхьэ,

ТхьэмыщкІэхэр мэгыз,

Ауэ сэ абыхэм сакъыщхьэщыжынущ, — жеІэ Иеговэ, —

Къащыдыхьэшх псоми ахэр къаІэщІэсхынущ».

Иеговэ и псалъэхэр къабзэщ.

Ахэр ятІэ пэшхьэкум блэнейрэ щагъэкъэбза дыжьыным хуэдэщ.

Уэ ахэр къэпхъумэнущ, Иеговэ,

Сытым щыгъуи а щІэблэм ахэр щыпхъумэнущ.

5 едзыгъуэм щыжыІащ «насыпыншэхэм» щхьэкІэ Иеговэ ищІэнур. Абы ахэр къригъэлынущ.

6 едзыгъуэм зэрыпищэмкІэ, «Иеговэ и псалъэхэр къабзэщ», дыжьын ягъэкъэбзам хуэдэу. Иеговэ и лэжьакІуэ псори абы арэзы тохъуэ (Пс. 18:30; 119:140).

7 едзыгъуэм щыжыІащ: «Уэ ахэр къэпхъумэнущ, Иеговэ, сытым щыгъуи а щІэблэм ахэр щыпхъумэнущ». Мыпхуэдэ упщІэ къэхъеинкІэ хъунущ: «ахэр» жыхуиІэ псалъэм хэт е сыт зи гугъу ищІыр?

Мыбы ипэ ит едзыгъуэм щыжыІащ «Иеговэ и псалъэхэр». Абы уригъэгупсысынкІэ хъунущ Алыхьым ихъумэр а псалъэхэрауэ. Дэ дощІэ, пэж дыдэу, Иеговэ и Псалъэ Библиер зэрихъумэр. Дапхуэдизу ягъэкІуэдыну хэмытами, ар хъума хъуащ (Ис. 40:8; 1 Пет. 1:25).

5 едзыгъуэм зи гугъу ищІ насыпыншэхэмрэ лей къызытехьэхэмрэ Иеговэ зэрихъумэри пэжщ (Иов 36:15; Пс. 6:4; 31:1, 2; 54:7; 145:20).

Аращи, 7 едзыгъуэм ит «ахэр» жыхуиІэ псалъэм зи гугъу ищІыр хэтми е сытми дапхуэдэу къызэрыбгурыІуэнур?

Нэхъ куууэ мы псаломым ухэплъэмэ, гурыІуэгъуэ мэхъу «ахэр» жыхуиІэ псалъэр зыхуэгъэзар цІыхухэрауэ зэрыщытыр.

ЯпэщІыкІэ Даут жеІэ езыри Алыхьым хуэпэж цІыхухэри гугъу зэрехьыр, дэнэкІи пцІым зэрызыщиубгъуам щхьэкІэ. АдэкІэ Иеговэ жеІэ псалъэкІэ гуэныхь къэзыхьхэм пэщІэувэну. Мы псаломыр зэрыщыту зытепсэлъыхьыр Иеговэ и лэжьакІуэхэм сытым дежи фІыгъуэ зэрахуищІэнуращ. Дэ Иеговэ дзыхь хуэтщІ хъунущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы и псалъэхэр къабзэщ.

Аращи, 7 едзыгъуэм насыпыншэхэр къегъэгугъэ Алыхьым «ахэр» гуэныхьщІакІуэхэм я псалъэ Іейхэмрэ къращІэнкІэ хъунымрэ щихъумэну.

Масоретхэм я журтыбзэ Іэрытххэм ит «абыхэм» жыхуиІэ псалъэр цІыхухэми Алыхьым и псалъэхэми хуэгъэзауэ щытыфынущ. АлыджыбзэкІэ зэрадзэкІа Септуагинтэм мыпхуэдэ псалъэхэр къыщагъэсэбэпащ: «дэ дыкъахъумэн», «дэ сытым щыгъуи къытщхьэщыжын». «Дэ» жыхуиІэ псалъэр зыхуэгъэзар Алыхьым и лэжьакІуэ лей къызытехьэхэращ. Абы нэмыщІ 7 едзыгъуэм щыжыІащ Иеговэ къыхуэпэжхэр «а щІэблэм», нэгъуэщІу жыпІэмэ «мыхъумыщІагъэр зыгъэлъапІэ» цІыхухэм, зэрыщихъумэнур (Пс. 12:7, 8). Арамейскэ таргумхэм а едзыгъуэр мыпхуэдэущ зэритыр: «Уэ, ЗИУСХЬЭН, къыпхуэпэжхэр къэпхъумэнущ. Ахэр а щІэблэ бзаджэм игъащІэкІэ щыпхъумэнущ. МыхъумыщІагъэ зыщІэхэм дэнэкІи къыщаущыхь. Псыдыуэхэм хуэдэу, абыхэм цІыхухэм я лъыр къыщІафыкІ». А псом къегъэлъагъуэ Псалом 12:7 зытепсэлъыхьыр цІыхухэрауэ зэрыщытыр.

Мы едзыгъуэм дэ гугъапІэ къыдет Иеговэ къыхуэпэж цІыхухэм сытым дежи къызэрыщхьэщыжынумкІэ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын