ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • wp21 № 1 н. 3—4
  • ТхьэлъэІум теухуауэ языныкъуэхэм жаІэр

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • ТхьэлъэІум теухуауэ языныкъуэхэм жаІэр
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2021
  • Мыбы ещхь материал
  • Дапхуэдэу Алыхьым дызэрелъэІун хуейр?
    Тхыгъэ ЛъапІэм итыр сыт?
  • ТхьэлъэІум и фІыгъэкІэ Алыхьым гъунэгъу ухуэхъуфынущ
    ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
  • Алыхьым гъунэгъу узэрыхуэхъуфынур
    Мыухыж гъащІэм ухуэзышэ щІэныгъэ
  • Алыхьыр ди тхьэлъэІухэм едаІуэу пІэрэ?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2021
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2021
wp21 № 1 н. 3—4
Къэрал зэмылІэужьыгъуэхэм щыщ цІыхухэр Алыхьым дэІэпыкъуэгъу щхьэкІэ йолъэІу.

ТхьэлъэІум теухуауэ языныкъуэхэм жаІэр

«Сэ Алыхьым сыщелъэІукІэ ар зэрыспэгъунэгъур зыхызощІэ. Абы си Іэр иІыгъым хуэдэщ. Си Іуэхур гугъу щыхъум деж, абы гъуэгу пэжыр сегъэлъагъу» (МАРИЕ).

«Сэ си щхьэгъусэр лІащ. Ар илъэс 13-кІэ лышхым ебэнащ. Сэ махуэ къэс Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуэзгъазэт икІи зыхэсщІэт абы сызэрызэхихыр, си узри зэрызэхищІыкІыр. ТхьэлъэІу нэужьым сэ сыт щыгъуи гупсэхугъуэ згъуэтт» (РАУЛЬ).

«ТхьэлъэІур — Алыхьым къыбгъэдэкІ тыгъэ лъапІэщ» (АРНЕ).

Марие, Рауль, Арне сымэ я дежкІэ тхьэлъэІур — тыгъэ лъапІэщ. ТхьэлъэІум и фІыгъэкІэ ахэр я гурыщІэхэмкІэ Алыхьым догуашэ, абы фІыщІэ хуащІ икІи къадэІэпыкъуну йолъэІу. Библием ит мы едзыгъуэм жиІэр зэрыпэжыр абыхэм я фІэщ мэхъу: «Тхьэр зэрыхуейм тету Іуэхугъуэ гуэркІэ делъэІумэ, дызэрызэхихынур дощІэри, езым гушхуэныгъэкІэ гъунэгъу дыхуохъу» (1 Иуан 5:14).

Алыхьыр тхьэлъэІухэм зэредаІуэр зи фІэщ мыхъухэри щыІэщ. Стив жеІэ: «Сэ илъэс 17 сыщыхъум си зы ныбжьэгъур аварием хэкІуэдащ, тІур псым итхьэлащ. Сэ Алыхьым сеупщІт ар къыщІэхъуам и щхьэусыгъуэмкІэ, ауэ жэуап слъагъутэкъым. Абы щыгъуэ сегупсысащ: „Сыт тхьэлъэІум и мыхьэнэр?“» Апхуэдэ упщІэ цІыху куэдым яІэщ.

Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуэбгъэзэным мыхьэнэ имыІэу цІыхухэм къыщІалъытэм нэгъуэщІ щхьэусыгъуэхэри иІэщ. Абыхэм жаІэ: «Алыхьым армырами псори ещІэ. Ар щыгъуазэщ дызыпэщІэхуэ гугъуехьхэм. Апхуэдэу щыщыткІэ, псори абы жепІэжыным сыт и мыхьэнэр?»

Языныкъуэхэр зэреплъымкІэ, Алыхьыр тхьэлъэІухэм едэІуэну хуейкъым, цІыхухэм япэм ялэжьа гуэныхьхэм къыхэкІкІэ. Дженни къыддогуашэ: «Сэ си щхьэм пщІэ хуэсщІыжкъым икІи мыхьэнэншэу зызобжыж. Япэм сщІа гуэныхьхэм нобэ сроукІытэж. Абы къыхэкІкІэ сэ езым си фІэщ сщІыжащ Алыхьыр си тхьэлъэІухэм къедэІуэну къэзмылэжьу».

Члисэм цІыхубзыр уафэм дэплъейуэ Тхьэ йолъэІу, адрей цІыхухэр я щхьэр ехьэхауэ Тхьэ йолъэІу.

Абы теухуауэ уэ сыт хуэдэ еплъыкІэ уиІэр? ИпэкІэ зи гугъу тщІахэм я еплъыкІэм хуэдэ уиІэмэ, ди гуапэщ бжетІэну Библием уи упщІэхэм жэуап нэгъэса зэрыритыр. Библием хуэдэу дзыхь зыхуэпщІ хъун нэгъуэщІ тхылъ щыІэкъымa. Мыпхуэдэ упщІэхэм я жэуапхэр уэ абы къыщыпщІэнущ:

  • Алыхьыр ди тхьэлъэІухэм едаІуэу пІэрэ?

  • Языныкъуэ тхьэлъэІухэм Алыхьым жэуап щІримытыр сыт?

  • Алыхьым дауэ дызэрелъэІун хуейр, абы дызэхихын щхьэкІэ?

  • Сыт хуэдэ дэІэпыкъуэгъу бгъуэтынур тхьэлъэІум и фІыгъэкІэ?

a Алыхьым и лэжьакІуэ куэдым, Хьисэ Мэссихьи абыхэм яхэту, я тхьэлъэІухэр Библием итщ. ЖуртыбзэкІэ тха Тхыгъэ ЛъапІэм 150-м щІигъу тхьэлъэІу итщ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын