ФщІэжу пІэрэ?
Мы гъэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналхэм набдзэгубдзаплъэу феджа? КъыкІэлъыкІуэ упщІэхэм жэуап ефтыфыну пІэрэ?
Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм дапхуэдэу дазэрыхущытын хуейр?
Уафэм кІуэну Иеговэ къыхихахэм я фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ дэ пщІэ яхудощІ, ауэ ахэр дгъэлъапІэу къемызэгъ гулъытэ яхуэтщІкъым (Иудэ 16). Уафэм кІуэну гугъэ яІэм теухуауэ дэ абыхэм упщІэ еттынукъым (w20.01, 29-нэ напэкІуэцІыр).
Иеговэ гу къызэрыплъитэм сыт щыхьэт техъуэр?
Библием зэритымкІэ, укъамылъху щІыкІэ Алыхьым уэ птеухуауэ ищІэт. Ар уи лъэІу дэтхэнэми езыр йодаІуэ. Иеговэ уи гупсысэхэмрэ уи гурыщІэхэмрэ ещІэ икІи уи ІуэхущІафэхэр къыфІэмыІуэхуу щыткъым (1 Лет. 28:9; Прит. 27:11, Гъэсэпэтхыдэхэр). Абы езым узыбгъэдишащ (w20.02, 12-нэ напэкІуэцІыр).
Дапщэщ дыпсэлъэн щыхуейр икІи дапщэщ зыри щыжыдмыІэнур?
Дэ Иеговэ теухуауэ нэгъуэщІхэм яжетІэну ди фІэфІщ. Абы нэмыщІ гуэныхьым хуэзышэну гъуэгум зыгуэр теувауэ щытлъагъум деж дэ ар жытІэнущ. Зыгуэрым чэнджэщ етын хуеймэ, шыІэныгъэ яхэлъу зэхуэсым и нэхъыжьхэр къуэш, шыпхъухэм доІэпыкъу. Ди лэжьыгъэр щызэхуащІа къэралым хъыбарыфІ гъэІун лэжьыгъэр зэрыщрагъэкІуэкІым теухуауэ дэ зыри жытІэкъым (икІи нэгъуэщІхэм дащІэупщІэкъым). Зэхуэсым пыщІа щэху гуэр щытщІэм деж, дэ ар жытІэкъым (w20.03, 20—21-нэ напэкІуэцІхэр).
Иоиль 2-нэ псалъащхьэм мацІэм теухуауэ итыр Апокалипсис 9-нэ псалъащхьэм итым сыткІэ къыщхьэщыкІрэ?
Иоиль 2:20—27 топсэлъыхь Алыхьым мацІэр зэрыІуихужынумрэ абы къихьа зэраныр зэригъэзэкІуэжынумрэ. Къэхъун хуейуэ Иеговэ иригъэтха мы псалъэхэр гъэзэщІа хъуащ бабилэн зауэлІхэр Ерусалим щытеуам щыгъуэ. Иоиль 2:28, 29 ит псалъэхэр гъэзэщІа хъуащ ди эрэм 33-нэ гъэм, Пэнтэкост махуэшхуэм Иеговэ и къару лъапІэр и лэжьакІуэхэм щритам щыгъуэ. Апокалипсис 9:1—11 ит псалъэхэм иужьрей махуэхэм псэу уафэм кІуэну гугъэ зиІэ Алыхьым и лэжьакІуэхэр мацІэм ирегъэщхь. Абыхэм лІыгъэ яхэлъу мы дуней Іейм Алыхьым трилъхьэну тезырыр ягъэІу икІи мы дунейм и цІыхухэм ар ягу ирихькъым (w20.04, 3—6-нэ напэкІуэцІхэр).
Хэт нобэ ищхъэрэ пащтыхьыр?
Урысеймрэ абы и лъэныкъуэр зыІыгъхэмрэщ. Ахэр щІэмыхъумауэ Алыхьым и лъэпкъым тоуэ: хъыбарыфІ гъэІуным зэран хуохъу икІи Иеговэ и Щыхьэтхэр ялъагъу зэрымыхъур я ІуэхущІафэ псомкІи къагъэлъагъуэ. Ищхъэрэ пащтыхьыр ипщэ пащтыхьым пэщІэтщ (w20.05, 13-нэ напэкІуэцІыр).
Галатие 5:22, 23 хьэл-щэнибгъум и гугъу ещІ. Ауэ Алыхьым и къару лъапІэм къыбгъэдэкІ хьэл-щэнхэр ара зэрыхъур?
Хьэуэ. Дэ Алыхьым и къару лъапІэр къыддоІэпыкъу нэгъуэщІ хьэл-щэныфІхэри зыхэтлъхьэну, псалъэм папщІэ щыпкъагъэр (Еф. 5:8, 9) (w20.06, 17-нэ напэкІуэцІыр).
Интернетым щыттх псалъэхэм е сурэт икІи видео къитлъхьэхэм дыхуэсакъын щІыхуейр сыт?
Фэ интернетым къифлъхьэхэм фи щхьэм фыщытхъужу икІи Іэдэбагъ фхуримыкъуу цІыхухэм къащигъэхъункІэ хъунущ (w20.07, 6—7-нэ напэкІуэцІхэр).
Зи лэжьыгъэр фІыуэ зыгъэзащІэ бдзэжьеящэхэм я щапхъэм Алыхьым и лэжьакІуэхэр сытым хуигъэсэфыну?
Апхуэдэ бдзэжьеящэхэм бдзэжьей нэхъыбэ здыхэс щІыпІэмрэ нэхъыбэу къыщыбубыдыфыну зэманымрэ къыхах. Абыхэм я Іэмэпсымэхэр фІыуэ къагъэсэбэп икІи дунейр щыуэлбанэм дежи лІыгъэ яхэлъу я лэжьыгъэр ягъэзащІэ. Дэри хъыбарыфІыр щыдгъэІум деж абыхэм щапхъэ ятетхын хуейщ (w20.09, 5-нэ напэкІуэцІыр).
Библием едгъаджэ цІыхухэм Иеговэ хуаІэ лъагъуныгъэр нэхъ куу ящІыну дапхуэдэу дазэрыдэІэпыкъу хъунур?
Ахэр Библием махуэ къэс еджэну хуэвгъэуш икІи зэджам егупсысыну фадэІэпыкъу. Абы нэмыщІ Иеговэ лъэІукІэ зыхуагъазэу евгъасэ (w20.11, 4-нэ напэкІуэцІыр).
1 Коринф 15:22 щыжыІащ: «Мэссихь зи псэм щыщ цІыху псори Тхьэм къигъэпсэужынущ». А цІыху гупым я бжыгъэм хэт хыхьэр?
Апостол Паул и псалъэхэм къикІкъым цІыху псори къэтэджыжыну. Абы зи гугъу ищІар къэтэджыжынухэм уафэм кІуэну гугъэ зиІэ цІыхухэр зэрыхэтынуращ (1 Кор. 1:2; 15:18) (w20.12, 5—6-нэ напэкІуэцІхэр).
Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм «напІэзыпІэм, дунейм и кІэухым деж бжьамиишхуэм и макъыр къыщыІукІэ» захъуэжа иужь сыт ящІэнур? (1 Кор. 15:51—53).
Уафэм дэкІуеижахэм Хьисэ и гъусэу «гъущІ башкІэ» лъэпкъхэр ягъэІурыщІэнущ (Апок. 2:26, 27) (w20.12, 12—13-нэ напэкІуэцІхэр).