МАРТЫМ И 23—29
ИСАЙЯ 48, 49
89 уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ | ПэщІэдзэ псалъэхэр (1 дакъ.)
1. Иеговэ жиІэм едаІуэ икІи абы и деж зыщегъасэ
(дакъ. 10)
Иеговэ и лэжьакІуэхэр егъасэ (Иса 48:17; it-U «Учитель, учить», абз. 2).
Иеговэ жиІэм дедэІуэну дэ езым къыхэтхын хуейщ (Иса 48:18, япэ Іыхьэр; ijwbq-U 44 статьяр, абз. 2, 3).
Абы щыгъуэ ди мамырыгъэр «псы ежэхым хуэдэу» икІи ди пэжыгъэр «хы толъкъунхэм хуэдэу» щытынущ (Иса 48:18, етІуанэ Іыхьэр; w22.08 30, абз. 16, 17).
ПСАЛЪЭМ КЪИКІЫР. «Мамырыгъэ» жиІэу зэрадзэкІа журт псалъэм къикІыфынущ узыншагъэ, шынагъэншагъэ, ехъулІэныгъэ, ныбжьэгъугъэ жиІэу, абы нэмыщІ нэгъэсауэ, изу щытын жыхуиІэ мыхьэнэри а псалъэм иІэщ.
2. Тхыгъэм ит налкъутхэр
(дакъ. 10)
Иса 49:8. Мы псалъэхэр дапхуэдэу щэнейрэ гъэзэщІа зэрыхъуар? (it-U «Время благосклонности», абз. 1—3).
Мы тхьэмахуэм Библием дызэджа псалъащхьэхэм къыщывгъуэта налкъутхэмкІэ фыкъыддэгуашэ.
3. Библием къеджэн
(дакъ. 4) Лк 15:1—16 (th 11 урокыр).
4. ЦІыхум япэу ущепсалъэкІэ
(дакъ. 3) НЕФОРМАЛЬНЭУ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. Иеговэ и Щыхьэту щыт хъыбарыфІыр зымыгъэІуж уи благъэр псалъэ гъэхьэзырамрэ Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэмрэ къегъэблагъэ (lmd 5 урокыр, 3 пунктыр).
5. ЦІыхум къытебгъэзэжурэ ущепсалъэкІэ
(дакъ. 4) НЕФОРМАЛЬНЭУ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм къэкІуэнрэ къэмыкІуэнрэ егупсыс цІыхум а зэІущІэр зэрекІуэкІыну щІыкІэр къыгурыгъаІуэ (lmd 9 урокыр, 3 пунктыр).
6. ЦІыхум къытебгъэзэжурэ ущепсалъэкІэ
(дакъ. 5) НЕФОРМАЛЬНЭУ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм япэу къэкІуа цІыхум зэІущІэ нэужьым къыуит упщІэхэм жэуап ет (lmd 8 урокыр, 3 пунктыр).
107 уэрэдыр
7. Илъэсым къриубыдэу нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ махуэм уи гур хуэгъэхьэзыр
(дакъ. 15) Зэгъусэу зэпкърыхын.
Илъэс къэс Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр зэрыдгъэлъапІэмкІэ дэ абы къытхуигъэна унафэм дызэрытетыр икІи Иеговэ ита къурмэныпхъэм щхьэкІэ фІыщІэ зэрытщІыр къыдогъэлъагъуэ (Лк 22:19). Абы нэмыщІ а зэІущІэр дэ къыддоІэпыкъу Иеговэрэ Хьисэрэ фІыщэу дызэралъагъур дигу къэдгъэкІыжыну (Гл 2:20; 1Ин 4:9, 10). Дауэ абы зыхуэдгъэхьэзыр хъуну икІи пэжыр зи фІэгъэщІэгъуэн хъуахэм сыткІэ дадэІэпыкъуфыну?
Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр щыдгъэлъэпІэну зэманым Библием дызэреджэну графикым ит пычыгъуэхэм егупсыс.
Иеговэ ита къурмэныпхъэм уэркІэ сыт хуэдэ мыхьэнэ иІэми икІи абы щхьэкІэ уи гум илъ фІыщІэр дапхуэдэу къэбгъэлъагъуэ хъунуми егупсыс.
Псалъэ гъэхьэзырамрэ Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэмрэ къызэредгъэблагъэ кампанием жыджэру хэт икІи уи благъэхэр, уи цІыхугъэхэр, нэгъуэщІхэри абы къегъэблагъэ.
ЗэІущІэм къэкІуахэр псори гуапэу къегъэблагъэ. Уэ езым къебгъэблэгъахэм нэмыщІ адрейхэми гулъытэ яхуэщІ. Псалъэм папщІэ, ахэр уи гъусэу бгъэтІыс хъунущ.
ХьэщІэхэм упщІэхэр яІэнкІэ хъунущи, абыхэм жэуап зэрептыным хуэхьэзыру щыт.
ХъыбарыфІыр зымыгъэІуж икІи зэІущІэхэм къэмыкІуэж къуэш, шыпхъухэм гуапэу сэлам ех. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм псом хуэмыдэу Иеговэ и Щыхьэту щымытыжхэм гулъытэ хуащІын хуейщ.
«Хьисэ къыщІэкІуар кІуэдахэр „къилъыхъуэу... къригъэлыну аращ“» ВИДЕОР гъэлъагъуэ. ИужькІэ къодаІуэхэм еупщІ:
Зэхуэсым пэжыжьэ хъуахэр Пщыхьэщхьэшхэм гуапэу къебгъэблэгъэным сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр?
8. Библиер зэхуэсым щыджын
(дакъ. 30) lfb 72, 73 урокхэр