ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • mwb26 Январь н. 14—16
  • Февралым и 23 — мартым и 1

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Февралым и 23 — мартым и 1
  • Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2026
Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2026
mwb26 Январь н. 14—16

ФЕВРАЛЫМ И 23 — МАРТЫМ И 1

ИСАЙЯ 38—40

4 уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ | ПэщІэдзэ псалъэхэр (дакъ. 1)

АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР

Мэлыхъуэм мэл цІыкІур щабэу и гуфІакІэм дигъэтІысхьауэ иІыгъщ.

Пасэрей Израилым псэуа мэлыхъуэм мэл цІыкІур щабэу и гуфІакІэм дигъэтІысхьауэ иІыгъщ.

1. «Абы и хъушэр игъэхъунущ, мэлыхъуэм хуэдэу»

(дакъ. 10)

Иеговэ и ныбжьэгъу дыхъун щхьэкІэ абы и Псалъэ Библиер тхуихъумащ (Иса 40:8; w23.02 2—3, абз. 3, 4).

Ар щабэу къытхущытщ икІи и нэІэ къыттригъэтщ (Иса 40:11; cl-U 70, абз. 7).

Дэтхэнэ зыри зыпэщІэхуэ гугъуехьхэр абы елъагъу икІи абыхэм дыпэлъэщыну къыддоІэпыкъу (Иса 40:26—29; w18.01 4—5, абз. 4—6).

Зэхуэсым и нэхъыжьитІыр къуэ цІыкІурэ пхъу цІыкІурэ зиІэ шыпхъум деж къэкІуащ.

ДЫЗЭГУПСЫС ХЪУНЫР: Исайя 40:11 ит псалъэхэм Иеговэ мэлыхъуэм зэрыригъэщхьым уэ сыт хуэдэ гурыщІэхэр къыуитрэ?

2. Тхыгъэм ит налкъутхэр

(дакъ. 10)

  • Иса 40:3. Дапхуэдэу мы псалъэхэр япэ лІэщІыгъуэм гъэзэщІа зэрыхъуар? (ip-1-U 400, абз. 7).

  • Мы тхьэмахуэм Библием дызэджа псалъащхьэхэм къыщывгъуэта налкъутхэмкІэ фыкъыддэгуашэ.

3. Библием къеджэн

(дакъ. 4) Лк 13:1—17 (th 11 урокыр).

ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУР ИДОГЪЭФІАКІУЭ

4. ЦІыхум япэу ущепсалъэкІэ

(дакъ. 2) НЕФОРМАЛЬНЭУ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. Иужьрей зэІущІэхэм щызэхэпха гупсысэмкІэ цІыхум узэрыдэгуэшэн Іэмал къэгъуэт (lmd 4 урокыр, 3 пунктыр).

5. ЦІыхум япэу ущепсалъэкІэ

(дакъ. 2) НЕФОРМАЛЬНЭУ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. Библиер къацІыхуну цІыхухэм уазэрыдэІэпыкъур узэпсалъэм зэрыжепІэн Іэмал къэгъуэт (lmd 4 урокыр, 4 пунктыр).

6. ЦІыхум къытебгъэзэжурэ ущепсалъэкІэ

(дакъ. 2) УНЭ-УНЭКІЭ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН (lmd 7 урокыр, 5 пунктыр).

7. ЦІыхур Библием щебгъаджэкІэ

(дакъ. 5) lff 18 урокыр, «Къэпщытэж», «Мы упщІэхэр зэгъусэу зэпкърыфх», «ПщІэ хъунур» жыхуиІэ рамкэхэр. «Нэхъыбэ къащІэ» жыхуиІэ рамкэм щыщ видео е статья къэгъэсэбэпи, Иеговэ и Щыхьэтхэм я зэхуаку лъагъуныгъэ пэж зэрыдэлъыр ебгъаджэм егъэлъагъу (lmd 11 урокыр, 3 пунктыр).

ДИ ГЪАЩІЭР

160 уэрэдыр

8. Илъэс кІуам хъыбарыфІыр зэрыдгъэІуам теухуа отчетыр

(дакъ. 15) Зэгъусэу зэпкърыхын.

Илъэс кІуам хъыбарыфІыр зэрыдгъэІуам теухуа отчетыр зэрыт филиалым къригъэхьа письмом къеджэ. ИужькІэ къодаІуэхэм елъэІу «Всемирный отчёт Свидетелей Иеговы за 2025 служебный год» жыхуиІэм щыщу я фІэгъэщІэгъуэн хъуар жаІэжыну. Зэман иІэу узыгурыІуа ди къуэш, ди шыпхъухэм илъэс кІуам хъыбарыфІыр щагъэІум къэхъуа Іуэхугъуэ гъэщІэгъуэн гуэрхэр жаІэжыну елъэІу.

Коллаж «Иеговэ и Щыхьэтхэм дуней псом хъыбарыфІыр щагъэІу»: 1) «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуиІэ тхылъыр къигъэсэбэпу ди шыпхъум цІыхубзыр ирегъаджэ; 2) ныбжь зиІэ зэщхьэгъусэхэм унэ-унэкІэ хъыбарыфІыр ягъэІу, къуэшыр Библием щыщ пычыгъуэм цІыхухъум къыхуоджэ; 3) шыпхъур цІыхубзым хъыбарыфІымкІэ догуашэ; 4) автобусым ис ди шыпхъум jw.org сайтым и визиткэр къыбгъэдэс цІыхубзым ирет; 5) «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуиІэ брошюрэр къагъэсэбэпу зэщхьэгъусэхэм цІыхухъур ирагъаджэ; 6) шыпхъум цІыхубзыр видеом ирегъэплъ; 7) зэщхьэгъусэхэр цІыхубзым ІэпэтэрмэшкІэ хъыбарыфІымкІэ догуашэ икІи видео ирагъэлъагъу.

Based on NASA/Visible Earth imagery

2025 гъэм Иеговэ и Щыхьэтхэм псэемыблэжу унэ-унэкІэ хъыбарыфІыр ягъэІуащ икІи цІыхухэр Библием ирагъэджащ

  • «Всемирный отчёт Свидетелей Иеговы за 2025 служебный год» жыхуиІэм щыщу сыт фэ нэхъ ффІэгъэщІэгъуэн хъуар?

9. Библиер зэхуэсым щыджын

(дакъ. 30) lfb 64, 65 урокхэр

КІэух псалъэхэр (дакъ. 3) | 161 уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын