ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • mwb24 Март н. 10—11
  • Апрелым и 8—14

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Апрелым и 8—14
  • Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2024
Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2024
mwb24 Март н. 10—11

АПРЕЛЫМ И 8—14

ПСАЛМЫ 26—28

34-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ | ПэщІэдзэ псалъэхэр (1 дакъ.)

АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР

Пащтыхь Даут лъэІу гуащІэкІэ Иеговэ зыхуегъазэ.

1. Иеговэ хуэпэжу къэнэну сыт Даут къыдэІэпыкъуар?

(дакъ. 10)

Алыхьым игу дыхьэ цІыху хъуну къыдэІэпыкъуну Даут Иеговэ елъэІут (Пс 26:1, 2; w04-U 1/12 14, абз. 8, 9).

Иеговэ и хабзэм темытхэр Даут игъэныбжьэгъутэкъым (Пс 26:4, 5; w04-U 1/12 15, абз. 12, 13).

Иеговэ зэрыхуэлажьэм Даут гуфІэгъуэшхуэ къыхуихьт (Пс 26:8; w04-U 1/12 16, абз. 17, 18).


Щыуагъэ ищІэу щытами, Даут Алыхьым хуэпэжу къызэрынэным хущІэкъут. Абы и гукІи и псэкІи Иеговэ фІыуэ зэрилъагъум икІи и къарум щымысхьу зэрыхуэлажьэм ар къыхэщт (1Цр 9:4).

2. Тхыгъэм ит налкъутхэр

(дакъ. 10)

  • Пс 27:10. ФІыуэ тлъагъу цІыхухэм я щІыб къытхуагъэзамэ, мы едзыгъуэм дапхуэдэу дигу къызэрыщІиубыдэнур? (w06-U 15/7 28, абз. 15).

  • Мы тхьэмахуэм Библием дызэджа псалъащхьэхэм къыщывгъуэта налкъутхэмкІэ фыкъыддэгуашэ.

3. Библием къеджэн

(дакъ. 4) Мт 21:33—46 (th 2-нэ урокыр).

ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУР ИДОГЪЭФІАКІУЭ

4. ЦІыхум япэу ущепсалъэкІэ

(дакъ. 2) УНЭ-УНЭКІЭ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. ХъыбарыфІыр зэрыдгъэІу Іэмэпсымэхэм щыщу буклет гуэр къэгъэсэбэп (th 3-нэ урокыр).

5. ЦІыхум къытебгъэзэжурэ ущепсалъэкІэ

(дакъ. 4) УНЭ-УНЭКІЭ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. ЦІыхум къыхуэбгъэнауэ щыта буклетым и иужьрей напэкІуэцІым ит упщІэхэр абы и гъусэу зэпкърых. jw.org сайтым гу лъегъати, ифІэгъэщІэгъуэн информациер дапхуэдэу абы къыщигъуэтыфынуми егъэлъагъу (lmd 9-нэ урокыр, 3-нэ пунктыр).

6. Псалъэ

(дакъ. 5) lmd 1 приложениер, 3-нэ пунктыр. Темэ: «Дыкъэзыухъуреихь дунейм и къабзагъэр зэтегъэувэжа хъунущ» (th 13-нэ урокыр).

ДИ ГЪАЩІЭР

128-нэ уэрэдыр

7. Къабзагъэр зыхъумэ ныбжьыщІэхэр

(дакъ. 15). Зэгъусэу зэпкърыхын.

Къуэш ныбжьыщІэр Библием иту къызэджам йогупсыс. Абы и гъунэгъуу планшет щылъщ «НыбжьыщІэхэм я гъащІэр. Зыгуэрым уригъусэну ущыхагъэзыхьым деж сыт пщІэ хъунур?» жыхуиІэ видеом щыщ сурэт къыщыгъэлъэгъуауэ. Сурэтым щыболъагъу Исуф Потифар и щхьэгъусэм къызэрыІэщІэкІыр.

Ди къуэш, ди шыпхъу ныбжьыщІэхэр къабзагъэр зэрахъумэным хущІэкъун хуейщ. Абыхэми гуэныхь яхэлъщи, зыгуэрым иригъусэну яІэ гурыщІэ гуащІэм зыІэпишэнкІэ хъунущ, псом хуэмыдэу балигъыпІэ щиувэм деж. Абы къыхэкІкІэ унафэ тэмэм абыхэм къащтэну къегугъуэкІынкІэ хъунущ (Рм 7:21; 1Кр 7:36). Абы нэмыщІ зыгуэрым иригъусэну къызэрытракъузэм ахэр пэщІэтын хуей мэхъу икІи уеблэмэ цІыхухъухэр цІыхухъухэм, цІыхубзхэр цІыхубзхэм ирагъусэну щыхагъэзыхьи къохъу, ар зымыдэхэри ауан ящІ (Еф 2:2). Мы зэман гугъухэм зи къабзагъэр зыхъумэ ди къуэш, ди шыпхъу ныбжьыщІэхэм дэ икъукІэ дрогушхуэ!

«НыбжьыщІэхэм я гъащІэр. Зыгуэрым уригъусэну ущыхагъэзыхьым деж сыт пщІэ хъунур?» ВИДЕОР гъэлъагъуэ. ИужькІэ къодаІуэхэм еупщІ:

  • Корирэ Камринрэ я классым щІэсхэм сытыт зэрыхагъэзыхьыр?

  • Къабзагъэр яхъумэну абыхэм сыт къадэІэпыкъуар?

  • Апхуэдэ Іуэхугъуэ уихуэмэ, Библием ит сыт хуэдэ чэнджэщхэр къыбдэІэпыкъуну?

8. Библиер зэхуэсым щыджын

(дакъ. 30) bt пс. 8, абз. 5—12

КІэух псалъэхэр (дакъ. 3) | 38-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын