ДИ ГЪАЩІЭР
Вефилым щылажьэхэм зэрыдэІэпыкъумрэ зэрагъэгушхуэмрэ
Дэтхэнэ зыри гугъуехь дыпэщІохуэ икІи дэІэпыкъуэгъу, гупсэхугъуэ дыщыхуэныкъуэ къохъу. Уеблэмэ, фІэщхъуныгъэ быдэ зиІэхэри, Иеговэ и организацэм къалэн щызыгъэзащІэхэри щыдэхуэх щыІэщ, Вефилым щылажьэхэри абыхэм яхэту (Иов 3:1—3; Пс 34:19). Абы къыхэкІкІэ языныкъуэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм къалэн хуащІ абыхэм ядэІэпыкъуну икІи ягъэгушхуэну.
«АЛЫХЬЫМ ФЫЩЫГУГЪ» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОМ ЕПЛЪИ, УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Вефилым щылажьэхэр сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуэрэ?
Абыхэм гупсэхугъуэ иратын щхьэкІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм сыт хуэдэ лъэбакъуиплІ ячыр?
Къуэш, шыпхъухэм зэрыдэІэпыкъум езы зэхуэсым и нэхъыжьхэм сыт хуэдэ сэбэпынагъ къахуихьыр?