ДИ ГЪАЩІЭР
Библием нэхъыбэу дзыхь хуэпщІу зегъасэ
Библием ди гъащІэр ихъуэжыфынущ (Евр 4:12). Ауэ абы ит чэнджэщхэмрэ унафэхэмрэ сэбэп къытхуэхъун щхьэкІэ ар Алыхьым къызэрыбгъэдэкІыр быдэу ди фІэщ хъун хуейщ (1Фс 2:13). Библием дзыхь хуэтщІын щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?
Библием махуэ къэс еджэ. УщеджэкІэ Библиер Алыхьым и Псалъэу зэрыщытыр къэзыгъэлъагъуэ Іуэхугъуэхэм гу лъытэ. Псалъэм папщІэ, Притчи тхылъыр куууэ зэпкърыхи гу лъытэ абы ит чэнджэщхэр ди зэманми сэбэпышхуэ зэрыхъум (Пр 13:20; 14:30, Гъэсэпэтхыдэхэр).
Библиер куууэ джы. Ар Алыхьым къызэрыбгъэдэкІым щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэхэр куууэ джы. «Путеводитель по публикациям Свидетелей Иеговы» жыхуиІэр къызэІух, «Библия» темэр къэгъуэти, «Вдохновлена Богом» жыхуиІэ подзаголовокым и лъабжьэм щІэт материалым хэплъэ. «ДунеищІэкІэ еджэу зэдзэкІа Библием» и Приложение А3 итым уеджэмэ, Библием зэхъуэкІыныгъэ хэмыхьэу ди зэманым къызэрысар нэхъри уи фІэщ хъунущ.
«ПОЧЕМУ МЫ ВЕРИМ, ЧТО БОГ ДАЛ НАМ БИБЛИЮ» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОМ ЕПЛЪИ, УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Карнак (Египетым) дэт тхьэлъэІупІэм и блыным хэщІыхьа тхыпхъэхэм дауэ къызэрагъэлъагъуэр Библием итыр зэрыпэжыр?
Библием итыр зэрамыхъуэжар дэнэ дэ щытщІэр?
Библиер ди зэманым къызэрысам дауэ къызэригъэлъагъуэр ар Алыхьым и Псалъэу зэрыщытыр? (Къеджэ Исайя 40:8.)