ДИ ГЪАЩІЭР
Ди лІахэр къыщытэджыжыну зэманым дежьэху
ФІыуэ тлъагъу цІыхур лІэныгъэм щытІэщІихам деж лІахэр къэтэджыжыну гугъэ диІэм дэ гупсэхугъуэ къыдет. Ауэ гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ хьэзаб хьэлъэу дэтхэнэ зыми ттелъщ (Иса 25:7, 8). Аращ «Тхьэм къигъэщІа псори иджыри къэс щэІуу», гугъуехь ятелъуу щІыщытыр (Рм 8:22). ЛІахэр къыщытэджыжыну зэманыр къэсыху ди гуауэм дыпэлъэщыну сыт къыддэІэпыкъунур? Алыхьым и Псалъэм ди гур фІы зыщІыжыну гупсысэхэр итщ.
«ФІЫУЭ ПЛЪАГЪУ ЦІЫХУР ЛІЭНЫГЪЭМ ЩЫПІЭЩІИХАМ ДЕЖ» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОМ ЕПЛЪИ, УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Даниель, Масахиро, Ёсими сымэ сытыт зыхащІэр?
А чэнджэщитхур дапхуэдэу абыхэм къазэрыдэІэпыкъуар?
Псом нэхърэ нэхъыфІу хэт дэ гупсэхугъуэ къыдэзытыфынур? (2Кр 1:3, 4).