ДИ ГЪАЩІЭР
«ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» тхылъым хэт Іэмэпсымэ щхьэпэхэр
«ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуиІэ тхылъымкІэ цІыхур ебгъэджэну уи фІэфІ? Видеохэр, цІыхум и еплъыкІэр къозыгъащІэ упщІэхэр, «Зыгуэрым жиІэфынущ», «ПщІэ хъунур», «Нэхъыбэ къащІэ» жыхуиІэ рамкэхэм ебгъаджэм и гъусэу утепсэлъыхьыну уигу ирихьрэ? Библие щебгъаджэкІэ сэбэп къыпхуэхъуну сыт хуэдэ Іэмэпсымэхэр мы тхылъым иджыри хэт? (Мт 28:19, 20).
Материалхэр. Къэбгъэсэбэпыр тхылъ тедзамэ, мы урокым хэт видеохэмрэ материалхэмрэ дапхуэдэу къызэрыбгъуэт хъунур? Электроннэ форматкІэ мы тхылъыр къызэІухи, разделиплІым языр къыхэх. ИтІанэ и лъабжьэм ехи, «Материалхэр» жыхуиІэм ихьэ. (Япэ сурэтым еплъ.)
«Сурэт» функциер. Электроннэ форматкІэ цІыхур Библие ебгъаджэмэ, «Сурэт» жыхуиІэ функциер къыпхуэсэбэпыну къыщІэкІынщ. Ар къыбдэІэпыкъунущ бджы материалыр зэуэ плъэгъуну икІи пункт къэс темэм зэрепхар нэхъ къыбгурыІуэну. А функциер къэбгъуэтын щхьэкІэ узыхуей урокым ихьи, и ижьырабгъум и щхьэмкІэ иІэ точкищым текъузэ, иужькІэ «Сурэт» жыхуиІэ функциер къыхэх. Цифровой форматым бгъэзэжын щхьэкІэ а точкищым иджыри зэ тепкъузэу, «Текст» жыхуиІэр къыхэпхын хуейщ (е ищІагъым хъурей шакъафэ иІэм текъузэ).
«Сыхьэзыр?». ЕплІанэ разделым и кІэм «Сыхьэзыр» жыхуиІэм уихьэмэ, зэхуэсым щыщхэм я гъусэу цІыхум хъыбарыфІыр игъэІун икІи псым зыщІигъэуэн щхьэкІэ ищІэн хуейр рамкитІым итщ. (ЕтІуанэ сурэтым еплъ.)
Приложениехэр. Приложениехэм мыхьэнэшхуэ зиІэ упщІэхэм теухуауэ нэхъыбэ итщ. Электроннэ форматым приложение къэс и кІэм ссылкэ иІэщ урокым укъыздэувыІам деж уигъэкІуэжу. (ЕтІуанэ сурэтым еплъ.)
«ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуиІэ тхылъыр вджын фымыухыу ебгъаджэм псым зыщІигъэуами, а тхылъым ит урокхэр зэгъусэу и кІэм нэвгъэсын хуейщ. АдэкІи уи отчетым иптхэ хъунущ зы изучение, абы тебгъэкІуадэ зэманыр, повторное посещение жыхуэтІэр. Библие джыныр ебгъэкІуэкІыну къыбдэІэпыкъу цІыхуми зэманыр итх хъунущ.