АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР
Иеговэ и деж гупсэхугъуэ къыщылъыхъуэ
Иляс шынэри, и гъащІэр къригъэлын щхьэкІэ щІэпхъуэжащ (1Цр 19:3, 4; w19.06 15, абз. 5).
Иеговэ Иляс зыхуэныкъуэр иритащ икІи и къару лъэщыр иригъэлъэгъуащ (1Цр 19:5—7, 11, 12; ia-U 103, абз. 13; 106, абз. 21).
Иеговэ Иляс къалэныщІэ иритащ (1Цр 19:15—18; ia-U 106, абз. 22).
Нобэ Иеговэ и ПсалъэмкІэ къыдопсалъэ. Библиер къигъэсэбэпу абы дигу къегъэкІыж лъагъуныгъэ хэлъу и нэІэ къызэрыттригъэтыр икІи мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэнхэр къызэрыдитыр (1Кр 15:58; Кл 3:23).