ДИ ГЪАЩІЭР
Махуэ къэс сэбэп къыпхуэхъун чэнджэщхэр jw.org сайтым къыщыбгъуэтынущ
Иужьрей махуэхэм къытхуахь гугъуехьхэм дыпэлъэщын щхьэкІэ дызыхуэныкъуэ псор Библием къыщыдгъуэтынущ (2Тм 3:1, 16, 17). Иныкъуэм деж дэ дэІэпыкъуэгъу дыхуейщ, ди Іуэхум хуэкІуэ Библием ит принцип къэдгъуэтын щхьэкІэ. Псалъэм папщІэ, адэ-анэм сыт къадэІэпыкъунур я быныр ягъэсэну? И фІэщхъуныгъэм емыпцІыжыну ныбжьыщІэм сыт къыдэІэпыкъунур? Зи щхьэгъусэ зыфІэкІуэдам и гуауэм пэлъэщыну сыт къыдэІэпыкъунур? Мы Іуэхугъуэхэми нэгъуэщІ Іуэхугъуэхэми сэбэп къыпхуэхъуну принципхэр jw.org сайтым къыщыбгъуэтынущ (Пр 2:3—6, Гъэсэпэтхыдэхэр).
jw.org сайтым БИБЛИЕМ ЗЫХУРИГЪАДЖЭР вкладкэм хыхьи, узыхуей рубрикэр къыхэх. (Япэ сурэтым еплъ.) Е БИБЛИОТЕКЭ > СТАТЬЯ ГУПХЭР жыхуиІэм ихьи, абдеж узыхуей рубрикэр къыщызэІух. (ЕтІуанэ сурэтым еплъ.) А рубрикэ дыдэхэр JW Library®a приложением итщ. Сайтым е приложением статьяхэр къыщызэІупхыу ущеджэ хъунущ. Абы нэмыщІ jw.org сайтым «къэлъыхъуэн» жыхуиІэм узыхуей темэр иптхэ хъунущ.
«Къэлъыхъуэн» жыхуиІэм мы темэхэр е узэджэну узыхуей статьяхэм я цІэхэр итхэ.
Сабий гъэсэн
Унагъуэ ухуэн
ЛІэныгъэ
a Статьяхэр псори къыщыбгъуэтыфынур jw.org сайтыращ.