ДИ ГЪАЩІЭР
«ФІылъагъуныгъэр бзаджагъэм щыгуфІыкІыркъым»
Хьисэ и лъэужь пэжу ирикІуэхэм сыт ямыщІэми, лъагъуныгъэм къыхэкІыу ящІэ. «ФІылъагъуныгъэр бзаджагъэм щыгуфІыкІыркъым» (1Кр 13:4, 6). Абы къыхэкІкІэ лей зехьэнрэ зинэ щІэнрэ зыхэт зыгъэпсэхукІэхэм пэІэщІэ захудощІ. Дэ дыгуфІэркъым зыгуэрым Іей гуэр къыщыщІамэ, а цІыхум ди жагъуэ ищІауэ щытми (Пр 17:5, Гъэсэпэтхыдэхэр).
«ПОМНИТЕ, ЧТО ИСТИННАЯ ЛЮБОВЬ НЕ РАДУЕТСЯ НЕПРАВЕДНОСТИ» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОМ ЕПЛЪИ, УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Щаулрэ Ионафанрэ зэрылІар Даут къыщищІам дауэ къызэрыщыхъуар?
Щаулрэ Ионафанрэ Даут щигъейм сыт хуэдэ уэрэд абы итхар?
Щаул зэрылІам сыт Даут щІыщымыгуфІыкІар?