ДИ ГЪАЩІЭР
Иеговэ хэлъ Іущагъым абы и ІэдакъэщІэкІхэр щыхьэт тохъуэ
Дэр щхьэкІэ нэхъыфІыр сытми Иеговэ сытым дежи ищІэрэ? Шэч хэмылъу, ещІэ! Аращ абы жиІэм ущІэтыным Іущагъ щІыхэлъыр (Пр 16:3, 9, Гъэсэпэтхыдэхэр). Ауэ Иеговэ дзыхь хуэпщІыну тыншу щымытынкІэ хъунущ, дэ ди еплъыкІэр абы жиІэм къыщхьэщыкІыу щытмэ. Иеговэ дзыхь нэхъ хуэтщІу дыхъунущ, абы Іущагъ хэлъу псори къызэригъэщІам дегупсысмэ (Пр 30:24, 25, Гъэс.; Рм 1:20).
«ХЪУМПІЭЦІЭДЖХЭР ЗЭТРИМЫХЬЭУ ЗЭРЫЗЕКІУЭФЫР СЫТ ЗИ ФІЫГЪЭР?» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОМ ЕПЛЪИ, УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
ХъумпІэцІэдж я нэхъыбэм сыт махуэ къэс ящІэр?
Зыр зым зэран хуэмыхъуу зекІуэну сыт абыхэм къадэІэпыкъур?
ХъумпІэцІэджхэр зэрызекІуэм цІыхухэм дауэ щапхъэ зэрытрахыфынур?
«ЩІЫБЖЬЭР ЗЭРЫЛЪАТЭР» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОМ ЕПЛЪИ, УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Кхъухьлъатэ нэхъ цІыкІухэр зепхуэным сыт хуэдэ гугъуехьхэр пылъ?
ЩІыбжьэр щылъатэкІэ жьышхуэм иримыхьэкІыну сыт къыдэІэпыкъур?
ЩІыбжьэхэм Алыхьым Іущагъ хилъхьам цІыхухэм дауэ щапхъэ зэрытрахыфынур?
Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм щыщу абы и Іущагъым щыхьэт техъуэу сыт фи щІыпІэм щыІэр?