ЩІышылэм и 3—9
СУДЕЙ 15, 16
124-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ
ПэщІэдзэ псалъэхэр (1 дакъ.)
АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР
«Уи щхьэгъусэм уепцІыжыну сыту гущыкІыгъуэ!» (дакъ. 10)
Тхыгъэм ит налкъутхэр (дакъ. 10)
Сд 16:1—3. Самсон къэхьпэ цІыхубзым и унэм сыт къыщІыщыувыІар? (w05-U 15/3 27, абз. 6).
Мы тхьэмахуэм Библием дызэджа псалъащхьэхэм Иеговэ теухуауэ, хъыбарыфІ гъэІуным епхауэ е нэгъуэщІ гупсысэ гъэщІэгъуэн къыщывгъуэтахэмкІэ фыкъыддэгуашэ.
Тхылъым къеджэн (дакъ. 4): bhs пс. 4, абз. 15—18 (th 10-нэ урокыр)
ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУР ИДОГЪЭФІАКІУЭ
Япэу епсэлъэн (видео) (дакъ. 5). Зэгъусэу зэпкърыхын. «Япэу епсэлъэн. Алыхьым и нэІэ къыттригъэтщ (Мт 10:29—31)» жыхуиІэ видеор гъэлъагъуэ. Экраным паузэ знакыр къыщытридзэм деж видеор къэгъэувыІи, къодаІуэхэм упщІэр ет.
Япэу епсэлъэн (дакъ. 3). «ЦІыхухэм узэрепсалъэ хъун планхэм» ит щапхъэ къэгъэсэбэп (th 3-нэ урокыр).
Япэу епсэлъэн (дакъ. 5). «ЦІыхухэм узэрепсалъэ хъун планхэм» ит щапхъэ къэгъэсэбэп. «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуиІэ брошюрэр цІыхум ети, «Библиер щІэджын хуейр сыт?» жыхуиІэ видеом гу лъегъатэ (езы видеор къэбгъэлъэгъуэн хуейкъым) (th 9-нэ урокыр).
ДИ ГЪАЩІЭР
«Библием ит принципхэм ди нэчыхьыр яхъумащ» (дакъ. 15). Зэгъусэу зэпкърыхын. Мы видеор гъэлъагъуэ. ИужькІэ къодаІуэхэм еупщІ: унагъуитІым я нэчыхьыр яхъумэну Библием ит сыт хуэдэ принципхэр къадэІэпыкъуа? Иеговэ жыджэру хуэлэжьэн зэрыщІадзэжар дауэ абыхэм къадэІэпыкъуа? Я унагъуэр гугъуехь щыпэщІэхуэм деж зэщхьэгъусэхэм я Іэр щІрамыхьэхын хуейр сыт? Зэщхьэгъусэхэм хэт къадэІэпыкъуфынур? (Екъуб 5:14, 15).
Библиер зэхуэсым щыджын (дакъ. 30): w19.09 37:12—22
КІэух псалъэхэр (дакъ. 3)
149-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ