ДИ ГЪАЩІЭР
Иеговэ и къару лъапІэм и фІыгъэкІэ егъэлеяуэ лэжьыгъэ гугъу зэфІагъэкІащ!
Иеговэ и организацэм лэжьыгъэ гугъу куэд игъэзэщІащ икІи ар зэралэжьыфар зи фІыгъэр езыхэм я зэфІэкІхэратэкъым, атІэ Иеговэ къазэрыдэІэпыкъурат. 1954-нэ гъэм Иеговэ и организацэм «Общество нового мира в действии» жыхуиІэ фильмыр къыдигъэкІащ. Абы елэжьа Вефилым щылажьэ ди къуэш, ди шыпхъухэм япэм фильмхэр къыдэгъэкІыным елэжьу щытакъым. Егъэлеяуэ а лэжьыгъэ гугъур зэрызэфІагъэкІар зи фІыгъэр Иеговэ и къару лъапІэ закъуэращ. Мы Іуэхугъуэм къегъэлъагъуэ Иеговэ нэгъэсауэ дзыхь хуэтщІмэ, тхузэфІэмыкІын лэжьыгъэ зэрыщымыІэр (Зх 4:6).
«КАК СОЗДАВАЛСЯ ФИЛЬМ „ОБЩЕСТВО НОВОГО МИРА В ДЕЙСТВИИ“» ВИДЕОМ ЕПЛЪИ, УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Иеговэ и Щыхьэтхэм я дунейпсо Іуэху зехьэпІэм теухуауэ фильм трахыну сыт мурад щІащІар?
Вефилыр зы пкъым хуэдэу зэрылажьэр сыт къызыхэщыр? (1Кр 12:14—20).
Фильмыр щытрахым сыт хуэдэ гугъуехьхэм къуэшхэр пэщІэхуа икІи дауэ ахэр абы зэрыпэлъэщар?
Иеговэ и къару лъапІэм теухуауэ сыт мы видеом къыщыпщІар?