АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР
ЗэгурымыІуэныгъэм зэрыпэлъэщар
Иорданым и къуэкІыпІэ лъэныкъуэмкІэ щыпсэу израил лъэпкъхэм къурмэнщІыпІэ ин ящІащ (ИсН 22:10).
Ахэр Алыхьым епцІыжа я гугъэри, адрей лъэпкъхэм ягъэкъуэншащ (ИсН 22:12, 15, 16; w06-U 15/4 5, абз. 3).
КъурмэнщІыпІэ зыщІа лъэпкъхэм апхуэдэу щІащІар гуапэу, щабэу адрейхэм къыгурагъэІуащ. Абы и фІыгъэкІэ лъыгъажэ къэхъуакъым (ИсН 22:21—30; w08-U 15/11 18, абз. 5).
Мы Іуэхугъуэм сытым дыхуригъасэрэ? Псалъэм папщІэ, дэ пцІы къыщыттралъхьэм деж сыт тщІэнур? Іуэхур зыІутыр къомыщІауэ, уепІэщІэкІыу зы гупсысэ гуэрым укъыхуэмыкІуэным сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр? (Пр 15:1; 18:13, Гъэсэпэтхыдэхэр).