Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм апхуэдиз лъагъуныгъэ щыхилъхьакІэ дэ абы хуэтщІэм щхьэкІэ Іэмал имыІэу и нэфІ къытщыхуэжынущ
ДИ ГЪАЩІЭР
Иеговэ и лъагъуныгъэр и ІэдакъэщІэкІхэм къыхощ
Махуэ къэс тщІэ Іуэхухэм дыдихьэхыІуэу, Иеговэ лъагъуныгъэрэ хьэлэлагърэ хэлъу къигъэщІа и ІэдакъэщІэкІхэм гу лъыдмытэжу дыхъункІэ хъунущ. Хьисэ цІыхухэр хуигъэушт Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм кІэлъыплъыну икІи абыхэм Алыхьым теухуауэ къыдигъащІэм егупсысыну (Мт 6:25, 26).
«ЛЮБОВЬ ИЕГОВЫ ВИДНА В ЕГО ТВОРЕНИИ» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОМ ЕПЛЪИ, УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Иеговэ и лъагъуныгъэм теухуауэ и ІэдакъэщІэкІхэм сыт къыдагъэщІар:
химическэ элементхэм?
щІым и атмосферэм?
удзхэмрэ къэкІыгъэхэмрэ?
псэущхьэхэм?
зэрызыхэтщІэ пкъыгъуэхэм?
цІыхум и щхьэ куцІым?