ДИ ГЪАЩІЭР
Зэи фымыгузавэ
Израил лъэпкъым хэта тхьэмыщкІэхэм Иеговэ дэІэпыкъут. Иеговэ ди зэманым тхьэмыщкІэу псэу и лэжьакІуэхэм дапхуэдэу зэрыдэІэпыкъур?
Ар абыхэм доІэпыкъу ахъшэм еплъыкІэ тэмэм хуаІэну (Лк 12:15; 1Тм 6:6—8).
Ар абыхэм доІэпыкъу я щхьэм пщІэ хуащІыжу зрагъэсэну (Иов 34:19).
Абы ахэр егъасэ лэжьыгъэр фІыуэ ялъагъуну икІи хьэл мыхъумыщІэхэр зыханэну (Пр 14:23; 20:1, Гъэсэпэтхыдэхэр; 2Кр 7:1).
Абыхэм Іэмал яритащ фІыуэ къэзылъагъу къуэш, шыпхъухэм яхэтыну (Ин 13:35; 1Ин 3:17, 18).
Абыхэм гугъэ дахэ ярет (Пс 9:18; Иса 65:21—23).
Ди Іуэхур хэкІыпІэншэу къытщыхъуми, дыгузэвэн хуейкъым (Иса 30:15). Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр ди гъащІэм псом япэ идгъэщмэ, дэ Иеговэ дызыхуэныкъуэ псор къыдитынущ (Мт 6:31—33).
«ЛЪАГЪУНЫГЪЭР ПСОМИ ПОЛЪЭЩ. ТХЬЭМЫЩКІАГЪЭР (КОНГО)» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОМ ЕПЛЪИ, УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Региональнэ конгрессыр щекІуэкІ щІыпІэм и гъунэгъуу псэу къуэшхэр дапхуэдэу жыжьэ къикІ къуэш, шыпхъухэм лъагъуныгъэрэ хьэщІагъэрэ хэлъу зэрахущытыр?
ТхьэмыщкІэу псэу къуэш, шыпхъухэм Иеговэ и лъагъуныгъэр дапхуэдэу зэрыригъэлъагъур?
Дэ езыр хуэмыщІауэ дыпсэуми, дауэ Иеговэ щапхъэ зэрытетхыфынур?