ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУР ИДОГЪЭФІАКІУЭ | ГУФІЭГЪУЭ УИ ГУМ ИЛЪУ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУ
ЗэхэщІыкІ зыхэгъэлъ
ЦІыхум зэхэщІыкІ щыхэлъым деж абы нэгъуэщІым и пІэ зрегъэувэф икІи ар зыхуэныкъуэр, и гум щыщІэр, абы и дежкІэ нэхъапэр къыгуроІуэ. ЗэхэщІыкІ пхэлъу цІыхум ухущытын щхьэкІэ абы удэІэпыкъуну гукъыдэж уиІэн хуейщ. ЦІыхухэм гуапэу уащыхущытым деж ар занщІэу зыхащІэ. ХъыбарыфІымкІэ дыздэгуашэ цІыхухэм зэхэщІыкІ тхэлъу дащыхущытым деж абы Иеговэ и лъагъуныгъэр халъагъуэ икІи ар нэхъыфІу къацІыхуну хуейуэ мэхъу (Фп 2:4)
ГущІэгъу, зэхэщІыкІ зэрытхэлъыр ди Іэхэр, ди нэкІур зэрытщІ щІыкІэм икІи цІыхум дызэредаІуэ, дызэрепсалъэ щІыкІэм къыхэщынущ. Дэ дыхущІокъу цІыхум и фІэщ хъур, абы фІэгъэщІэгъуэныр икІи и Іуэхур зыІутыр къэтщІэну. Дэ дыхьэзырщ цІыхум сэбэп къыхуэхъун щІэныгъэкІэ дыдэгуэшэну икІи дыдэІэпыкъуну, ауэ и гъащІэм зыгуэр ихъуэжыну ар хэдгъэзыхькъым. НэгъуэщІхэм дадэІэпыкъуну хуит дыщащІым деж, дэ хуабжьу ди гуапэ мэхъу.
«ХЬИСЭ И ГЪЭСЭНХЭР ЗЭРЫДГЪЭХЬЭЗЫРЫМ ГУФІЭГЪУЭ КЪЫТХУЕХЬ. ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУР ИДОГЪЭФІАКІУЭ: ГУЩІЭГЪУ ЗЫХЭВГЪЭЛЪ» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОМ ЕПЛЪИ, УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Джейд къыщыкІэрыхуам щыгъуэ Нитэ зэхэщІыкІ хэлъу дапхуэдэу абы зэрыхущытар?
Джейд зэрешам щхьэкІэ емыджэфыну щыжиІам Нитэ зэхэщІыкІ хэлъу дапхуэдэу абы зэрыхущытар?
ЦІыхухэм зэхэщІыкІ тхэлъу дазэрыхущытым Иеговэ къацІыхуну хуегъэуш
Джейд и Іуэхухэр тэмэму зэрызэтримыухуэфыр щыжиІам щыгъуэ Нитэ зэхэщІыкІ хэлъу дапхуэдэу абы зэрыхущытар?