ДИ ГЪАЩІЭР
Уи унагъуэм лъагъуныгъэ щыгъэлъагъуэ
Клейм зыгуэр быдэу зэрызэкІэригъапщІэм хуэдэу лъагъуныгъэм унагъуэр зэкъуэт ещІ. Унагъуэм щыщхэм лъагъуныгъэ ямыгъэлъагъуэмэ, ахэр зэкъуэту щытыфынукъым икІи зэдэлэжьэфынукъым. Зэщхьэгъусэхэмрэ адэ-анэхэмрэ лъагъуныгъэ дауэ зэрагъэлъэгъуэфынур?
ЦІыхухъум и щхьэгъусэр фІыуэ илъагъумэ, ар зыхуэныкъуэм, абы и Іуэху еплъыкІэм икІи и гурыщІэхэм гулъытэ хуищІынущ (Еф 5:28, 29). Абы и унагъуэр зыхуей хуегъазэ икІи унагъуэм щыщ дэтхэнэ зыми доІэпыкъу я фІэщхъуныгъэр быдэу щытын щхьэкІэ. Псалъэм папщІэ, абы унагъуэкІэ Библие джыныр зэпымыууэ ирегъэкІуэкІ (1Тм 5:8). ЦІыхубзым и щхьэгъусэр фІыуэ илъагъумэ, абы пщІэ хуищІынущ икІи и унафэм щІэтынущ (Еф 5:22, 33; 1Пт 3:1—6). Зэщхьэгъусэхэм зыр зым хуагъэгъуфу зрагъэсэным мыхьэнэшхуэ иІэщ (Еф 4:32). Лъагъуныгъэ зыхэлъ адэ-анэм дэтхэнэ я зы бынми гулъытэ хуащІ икІи Иеговэ фІыуэ ялъагъуну ирагъасэ (Вт 6:6, 7; Еф 6:4). Адэ-анэхэр я бынхэм щІоупщІэ ахэр сыт хуэдэ гугъуехьхэм школым пэщІэхуэми икІи къадеджэхэр дауэ абыхэм къахущытми. Унагъуэм щыщхэм псоми я зэхуаку лъагъуныгъэшхуэ дэлъмэ, абыхэм гузэгъэгъуэрэ гупсэхугъуэрэ зыхащІэнущ.
«ДИ УНАГЪУЭМ ЛЪАГЪУНЫГЪЭ ЩЫДОГЪЭЛЪАГЪУЭ» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОРОЛИКЫМ ЕПЛЪИ, КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Дауэ лъагъуныгъэ зыхэлъ цІыхухъум и щхьэгъусэм и «пкъыр зыхуэныкъуэр зэрыригъэгъуэтыр икІи зэрегугъур»?
Лъагъуныгъэ зыхэлъ цІыхубзым и щхьэгъусэм пщІэ зэрыхуищІыр дауэ зэригъэлъэгъуэфынур?
Лъагъуныгъэ зыхэлъ адэ-анэхэм я бынхэм дауэ зэрадэІэпыкъур Иеговэрэ абы и Псалъэмрэ фІыуэ ялъагъуну?