АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР
«А щІыналъэм щыпсэухэр зыбгъэдэфху»
Иеговэ израил цІыхухэм унафэ яхуищІащ къызэригъэгугъа щІыналъэм ихьа иужь абы хуэпэжу къыхуэнэн щхьэкІэ зэран къахуэхъуну хъуар Іуахыну (Чс 33:52; w10-U 1/8 23).
Иеговэ израил цІыхухэм яжриІащ къызэригъэгугъа щІыналъэр къазэуфын щхьэкІэ ядэІэпыкъуну (Чс 33:53).
Иеговэ израил цІыхухэм яжриІащ я бийхэр зыбгъэдамыхумэ, абыхэм гугъуехь куэд къызэрыхуахьынур (Чс 33:55, 56; w08-U 15/2 27, абз. 5, 6; it-U «Ханаан», подзаг. «Почему Иегова повелел уничтожить хананеев?», абз. 7).
Дэри Иеговэ и хабзэхэм пэщІэувэу хъуам икІи абырэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэм зэран къыхуэхъуфыну хъуам пэІэщІэ зыхуэтщІын хуейщ (Екъуб 1:21). Иеговэ дэ къару къыдитынущ ди гуэныхь щэныжьым дебэнын икІи мы дунейм дыпэщІэтыфын щхьэкІэ.