АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР
Псалъэ птар гъэзэщІэж
Израил цІыхум Алыхьым псалъэ иритынрэ иримытынрэ езырат унафэ зыщІыжыр, ауэ псалъэ итамэ игъэзэщІэжын хуейт (Чс 30:2; it-U «Обет», абз. 4).
ЦІыхум зыгуэр имыщІэну Алыхьыр къигъэгугъэ хъунут, ар хабзэм емыбакъуэу щытмэ (Чс 30:3, 4; it-U «Обет», абз. 1).
Ди зэманым Иеговэ лІым ита псалъэм щхьэхуэу йоплъ, фызми ита псалъэм щхьэхуэу йоплъ (Чс 30:6—9; w04-U 1/8 27, абз. 3).
Алыхьым и лэжьакІуэм нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ псалъэ итыфынухэм щыщыр — ар и гъащІэр Алыхьым и ІэмыщІэм ирилъхьэну ит псалъэмрэ и щхьэгъусэм хуэпэжыну ит псалъэмрэщ.
ЗЭУПЩІЫЖ: «Псалъэ стахэр згъэзэщІэжу пІэрэ?»