Гъатхэпэ мазэм и 8—14
ЧИСЛА 9, 10
31-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ
ПэщІэдзэ псалъэхэр (1 дакъ.)
АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР
«Иеговэ и лъэпкъыр дапхуэдэу зэриунэтІыр?» (дакъ. 10)
Тхыгъэм ит налкъутхэр (дакъ. 10)
Чс 9:13. Иеговэ и лэжьакІуэхэр мы унафэм сытым хуригъэсэфыну? (it-U «Встреча», подзаг. «Важность совместных встреч»).
Мы тхьэмахуэм Библием дызэджа псалъащхьэхэм Иеговэ теухуауэ, хъыбарыфІ гъэІуным епхауэ е нэгъуэщІ гупсысэ гъэщІэгъуэн къыщывгъуэтахэмкІэ фыкъыддэгуашэ.
Библием къеджэн (дакъ. 4): Чс 10:17—36 (th 5-нэ урокыр)
ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУР ИДОГЪЭФІАКІУЭ
Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм цІыхухэр къегъэблэгъэн (дакъ. 3). «ЦІыхухэм узэрепсалъэ хъун планхэм» ит щапхъэ къэгъэсэбэп. Узэпсалъэм и фІэфІу а темэм топсэлъыхь. «Хьисэ Мэссихь и лІэныгъэр дигу къыдогъэкІыж» видеороликым гу лъегъати зэпкърых (езы роликыр къэбгъэлъэгъуэн хуейкъым) (th 11-нэ урокыр).
ЕтІуанэу епсэлъэн (дакъ. 3). Япэм щыгъуэ хъыбарыфІымкІэ узыдэгуэшауэ щыта къыбдэлажьэ (е къыбдеджэ) гуэр Пщыхьэщхьэшхэм къегъэблагъэ (th 2-нэ урокыр).
Библием егъэджэн (дакъ. 5): bhs 245, Приложение 16. Библие ебгъаджэр Пщыхьэщхьэшхэм къегъэблагъэ икІи Библиер къэбгъэсэбэпурэ къыгурыгъаІуэ а зэІущІэм щІакхъуэмрэ шагъырымрэ зыІуилъхьэ зэрымыхъунур (th 17-нэ урокыр).
ДИ ГЪАЩІЭР
Вефилым къыхыхьа зэхъуэкІыныгъэхэр хъыбарыфІ гъэІуным сэбэп зэрыхуэхъуар (дакъ. 10). Зэгъусэу зэпкърыхын. «Изменения в работе Вефиля содействуют делу проповеди» видеороликыр гъэлъагъуэ. ИужькІэ къодаІуэхэм еупщІ: 2015 гъэм щыІа илъэс къэс екІуэкІ зэІущІэм сыт хуэдэ объявление ящІар икІи УнафэщІ гупым сыт хуэдэ мурадитІ яІар? Вефилхэм сыт хуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэр щыІа икІи абы сыт хуэдэ фІыгъуэхэр къыпэкІуа? УнафэщІ гупым унафэ ящІар Великобританием филиал яухуэу щІадзам сыткІэ лъэІэса икІи сыт хуэдэ сэбэпынагъ абы къыпэкІуар? А зэхъуэкІыныгъэхэр Иеговэ къызэрыбгъэдэкІыр сытым къыхэщрэ?
Вефилым сыт дыкъыщІэкІуар? (дакъ. 5). «Почему мы приехали в Вефиль» видеороликыр гъэлъагъуэ.
Библиер зэхуэсым щыджын (дакъ. 30): fg 12-нэ урокыр
КІэух псалъэхэр (дакъ. 3)
12-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ