«Мэссихь фІылъагъуныгъэу къытхуиІэм дызэщІиубыдащ» (2Кр 5:14)
ДИ ГЪАЩІЭР
Гъатхэпэ мазэмрэ мэлыжьыхьымрэ подсобнэ пионеру улэжьэну?
Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр щыдгъэлъапІэ зэманым Иеговэ нэхъыбэу ухуэлэжьэну ухуейуэ пІэрэ? (2Кр 5:14, 15). Гъатхэпэ мазэмрэ мэлыжьыхьымрэ подсобнэ пионерхэм хъыбарыфІыр сыхьэт 30-кІэ е 50-кІэ ягъэІунуми къыхах хъунущ. Уэ а зэманым подсобнэ пионеру улэжьэфыну щытмэ, заявленэ тхыи, уи зэхуэсым и служебнэ комитетым щыщ къуэшхэм ет. Зэхуэсым мазэ къэс подсобнэ пионеру лажьэхэм я цІэр къраІуэ. Абы и фІыгъэкІэ зэхуэсым щыщхэр а къуэш, шыпхъухэм я сыхьэт бжыгъэр ягъэзэщІэну ядэІэпыкъуфынущ. Аращи, Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр щыдгъэлъапІэ зэманым хъыбарыфІыр зэрыдгъэІур едгъэфІэкІуэну икІи зым зыр дгъэгушхуэну диІэ Іэмалыр къэдвгъэгъэсэбэп! (1Фс 5:11).