АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ЛЕВИТ 14, 15
Алыхьым къабзэу дыхуэлэжьэн хуейщ
Алыхьым и ныбжьэгъугъэр тфІэмыкІуэдын щхьэкІэ, дэ сыт и лъэныкъуэкІи къабзагъэр тхъумэн хуейщ. Абы къокІ Алыхьым дызэрыхуэлажьэр, ди Іэпкълъэпкъыр, ди гупсысэхэр къабзэу щытыныр, Иеговэ игъэува хабзэхэм тету. Мы Іуэхугъуэхэм теухуауэ ШейтІаным и дунейм къыщекІуэкІ еплъыкІэр зэран зыхуэдгъэхъуну дыхуейкъым. Дэ ди Адэ лъапІэм мыкъабзэу илъытэ сыт хуэдэ Іуэхугъуэми пэІэщІэ зыхуэтщІыну дыхуейщ.
Мы дунейм къыщекІуэкІ еплъыкІэр ІэщІыб зэрысщІым сыт хуэдэ сэбэпынагъ сэркІэ хэлъыр?