АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ЛЕВИТ 12, 13
Уэшын узым теухуа хабзэхэм сытым дыхурагъасэрэ?
Уэшын узым теухуа хабзэхэр зытегъэщІа принципхэм Иеговэ худиІэ ныбжьэгъугъэр зэрытхъумэн хуейм теухуауэ сытым дыхурагъасэрэ?
Иеговэ дин пашэхэр хуригъасэт цІыхум уэшын уз къеузрэ къемыузрэ занщІэу къащІэну. Ноби зэхуэсым и нэхъыжьхэр дэІэпыкъуэгъу хуэныкъуэхэм занщІэу зэрыдэІэпыкъуным и ужь итщ (Екъуб 5:14, 15).
Израил лъэпкъым щыщ цІыхухэм уэшын узым ицІэла щыгъынхэр ягъэсын хуейт, а узым зэрамыгъэубгъун щхьэкІэ. Ноби Иеговэ и лэжьакІуэхэри гуэныхьым хуэзышэфыну псори ІэщІыб зэращІыным хуэхьэзыру щытын хуейщ, ар абыхэм я дежкІэ лъапІэми (Мт 18:8, 9). Псалъэм папщІэ, Иеговэ ифІэмыфІ хьэл-щэнхэр, ныбжьэгъухэр, нэгу зегъэужьыкІэхэр.
Алыхьым и лэжьакІуэм Иеговэ къыдэІэпыкъуну зэрыхуейр дауэ къызэригъэлъэгъуэнур?